Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ ирикъуащ
Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ ирикъуащ. А зауэр тхыдэм къыхэнащ лъыгъажэ мыухыжкӀэ гъэнщӀа къэхъугъэ бзаджэу. ИлъэсищэкӀэ екӀуэкӀа зауэр зэрыувыӀэрэ куэд щӀами, абы лъэпкъым къридза уӀэгъаер нобэр къыздэсым кӀыжакъым. А гуӀэгъуэшхуэм уздегупсыс къудейм уегъэтхытх, цӀыху хейхэм къраха леймрэ гущӀэгъуншагъэмрэ пхузэгъэзахуэркъым. Кавказ зауэр адыгэхэм я дежкӀэ лъапсэрыхыу къыщӀэкӀащ: лъэпкъым и Ӏыхьэ пщӀанаращ и адэжь лъахэм къинар, адрейхэр хэкӀуэдащ, мэжэщӀалӀагъэм, щӀыӀэм, узым ихьащ, къэна мащӀэ дыдэр дуней псом трипхъащ. ХамэщӀ къыщыхута ди лъэпкъэгъухэми я щхьэ кърикӀуари щӀагъуэкъым: я бзэкӀэ псэлъэнуи я хабзэ зэрахьэнуи зыри хуитакъым, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм иригъэкӀуэкӀ зауэ кӀэншэхэм егъэзыгъэкӀэ Ӏуигъэхьэрт, я…
Дальше