Шэрджэс (адыгэ) лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм хэтхэмрэ яхуэгъэза псалъэ
США-м, Канадэм, Европэм, Тыркум, Израилым, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэми щыIэ шэрджэс (адыгэ) лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм хэтхэмрэ яхуэгъэза псалъэ ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъухэ! Динрэ лъыкIэ ди къуэшу, ди шыпхъуу Сирием зыщызыубгъу зэпэщIэтыныгъэм и лейр илъэситIым щIигъуауэ зытехьэхэм къащхьэщыжынымкIэ фыкъыддэIэпыкъуну лъэIукIэ зыфхудогъазэ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ а къэралыр зыгъэгулэз граждан зауэм цIыху минхэм я гъащIэр ихьащ икIи а зауэм и дэтхэнэ зы дакъикъэми нэхъыбэ ещI цIыхухэм, абыхэм адыгэ диаспорэри хиубыдэу, къатехьа лейм хэхъуэнымкIэ шынагъуэр. Дэ долъагъу шэрджэс жылагъуэ зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэм Сирием щыпсэу адыгэхэм шынагъуэр ящхьэщыхыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIыну зэрыхущIэкъур. Ауэ быдэу ди…
Дальше