Адыгэбзэ

Адыгэ фащэм и махуэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гупыжкIэ илъэс и пэкIэ Адыгэ Республикэм гъуэгу щытеува мы махуэшхуэр иджы Къэбэрдей-Балъ­къэрми щагъэлъэпIэнущ. ФокIадэм и 28-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм и 3-м нэс республикэм и еджа­пIэхэми IуэхущIапIэхэми адыгэ фащэм и тхыдэмрэ и теплъэмрэ цIыхухэм къе­зыгъэщIэж дерсхэмрэ зэIущIэхэмрэ щрагъэкIуэ­кIынущ, абы теухуа нэтынхэмрэ фильмхэмрэ щагъэлъэгъуэнущ. Шэч хэмылъу, гукъыдэж зиIэм а махуэхэм фащэ щитIэ­гъэну, и лъэпкъ фащэм пщIэ зэрыхуищIыр игъэ­лъэгъуэну Iэмал игъуэтынущ.

  «Адыгэ фащэм и махуэр» къэбэрдей щIалэгъуалэм я лъэIукIэ ди республикэм утыку къыщизыхьа, КъБР-м щIа­лэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Хъыжьрокъуэ СулътIан и плъапIэхэмкIэ къыддэгуэшащ: «Адыгэ фащэм и махуэр гъэлъэпIэнымкIэ жэрдэмыр къызыбгъэдэ­кIыр Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэху зезыхуэ IуэхущIапIэхэмрэщ. Илъэс блэкIам фокIадэм и 28-м ар Адыгейм дэгъуэу щагъэлъэпIащ, иджы дэри абыхэм закъыкIэрыдмы­гъэхуу дахэувэну ди мурадщ. Апхуэдэ дыдэу дыщогугъ хуэм-хуэмурэ мы махуэш­хуэр дуней псом щагъэлъа­пIэу хабзэ зэтеувэну. Адыгэ фащэр адыгэхэм я Iэда­къэщIэкI щхьэкIэ, ар лъэпкъ куэдым ягу дыхьауэ щытщи, абы и тхыдэр цIыхухэм къедгъэщIэжыным теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр, пшыхьхэр, гуп зэхыхьэхэр, «стIол хъурейхэр» екIуэкIынущ. Ди мурад нэхъыщхьэр ди лъэпкъым дунейм иритыфа щыгъын дахэр дгъэлъэпIэ­ныр, а фащэр ижь-ижьыж лъандэрэ зигу дыхьа лъэпкъхэмрэ дэрэ ди зэхуаку ныбжьэгъугъэмрэ зэхуэтэма­къ­кIы­хьын хабзэмрэ зыщедгъэубгъуну аращ».

 АдыгэлIым и шыфэлIыфэр

 Дривгъэплъэжыт зэ «черкеска» цIэ дахэм щIэту блэкIа лIэщIыгъуэ зытхухым дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа щыгъыным и тхыдэм.

Цейм теухуа хъыбархэр Грозный Иван и пщIантIэм хэгъэрей щыхъуа адыгэхэм я деж къыщожьэ. Тхы-             дэ­джхэм зэрыжаIэжымкIэ, урыс пащтыхьым и деж къулыкъу щызыщIэ адыгэхэм цейр ящыгъыну хуит ящIырт. Абы и щхьэусы­гъуэри къыхагъэщ: «Адыгэр и лъакъуэм щыщIэдзауэ и щхьэм нэс IэщэкIэ узэдами, ар апхуэдизкIэ екIуу и фащэм хэгъэзэгъащи, зы Iэщэр адрейм зэран хуэхъуркъым икIи ахэр зэжьэхэуэркъым. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ жэщтеуэ щащIхэм деж. Сэшхуэр салъэм илъщи — Iэуэлъауэ лъэпкъ ищIыр­къым, и фочыр фочылъэм илъщи — цIууркъым, лъахъстэным къыхэщIыкIа и лъейр, къаплъэным и фIалъэ лъакъуэхэм ещхьу, щабэу тоувэ, и шыр гъэсащи — щыщыркъым, и бзэращи — жиIэну зыхуей псори зы псалъэм къокI».

Ауэ цейм и «дыщэ лъэхъэнэр», дауи, илъэсищэм щIи­гъукIэ екIуэкIа Кавказ за­уэм и зэманрат. Зауэм и пэ къихуэ лъэхъэнэм адыгэхэр Кавказым щынэхъыбэ лъэпкът. Бжыгъэм и мызакъуэу, я зэ­хэтыкIэри, зыхуэпэкIэри, хабзэ зехьэкIэри нэхъыбэу зыубзыхур къэбэрдейхэрт, икIи а зэманым гъуэты­гъуейт адыгэбзэ зымыщIэ кавказырыс. Хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм я тхыгъэм къыщыбогъуэтыж дяпэ ита нэхъыжьхэр къы­зэрацIыхуу щыта шыфэлIы­фэр: «Абыхэм ящыщ зым и закъуэ тэтэр тIощI, я зы гуп цIыкIум — скиф гупышхуэ дыдэ ирихужьэжыфынущ». Абы къыдэкIуэуи, «нэхъ лъэпкъ гуапэрэ хамэм нэхъ хуэжумартрэ дунейм щы­гъуэтыгъуейщ».

«Iэщэ-фащэ» псалъэм и зэхэлъыкIэм къегъэлъагъуэ адыгэм хахуагъымрэ даха­гъымрэ зэгуихыу зэрыщымытар. Цейр цIыхухъум и къалэнхэр игъэзэщIэным хуэ­гъэпсауэ щытщ: тыншу уегъэIэбэ, къыздумыхьэ­кIын­кIэ Iэмал имыIэ хьэпшыпхэр пкIэрегъэзагъэ, зэман кIыхькIэ шыбгым уисыныр псынщIэ пщещI икIи, зауэм ухыхьэн хъумэ, уи теплъэм, уи емыкIу къыщIэщы­ным утемышыныхьу уегъэзауэ. Абы и Iыхьэхэм хохьэ: езы цейр, гъуэншэджыр, джанэр, бгырыпхыр, щIа­кIуэр, бащлъыкъыр, лъейр.

Хъан-Джэрий СулътIан итхырт: «Адыгэ цейм дахагърэ тыншагъкIэ къытекIуэн щыгъын Азием и мыза­къуэу, щIэныгъэм фIыуэ зыщиужьа, уегупсысмэ, кIыфIыгъэм хэт лъэпкъым елъы­тауэ, псори нэхъыфIу зыб­гъэдэлъын хуей Европэм нэгъуни щыслъэгъуакъым. Ар лIы нэсым и дамыгъэт, зыщыгъым и щхьэр лъагэу иригъэIэтрэ щыпкъагъыр къыпкъригъэщу. ЦIыхухъум щыгъыныр зэрыщытыпхъэу ибжым цейр апхуэдизкIэ техуэрт, къилъыхъуэ псор абы хигъуатэрти, XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм Кавказым ис лъэпкъ псоми ща­тIэгъэн щIадзащ. Абы Къэбэрдейр Кавказым унафэ щызэрихьэу зэрыщытри щхьэусыгъуэ хуэхъуащ. Ауэ абы фIэкIа хэмылъамэ, дауэ ар XIX лIэщIыгъуэм Куржыми, Азербайджанми, ермэлыхэм я дежи нэсынт?» Жэуапыр Де Бесс Жан-Шарль и деж къыщыдогъуэт: «Адыгэхэм я щыгъыныр сыт нэхъри нэхъыфIу шы тесынымрэ зауэ IуэхукIэ зекIуэ урежьэнымрэ хуэщIащ».

Адыгэ цейр нэм зыкъы­щIэзымыдзэ фэхэм къыха­щIыкIырт: морэ, фIыцIэ, щхъуэ хуэдэхэм. Цей хужь езыгъэдыну хуитыр пщыхэрат, ауэ адыгэпщхэр апхуэдизкIэ цIыху зэпIэзэрыт­хэти, IэщэкIэ мыхъумэ, цIыху къызэрыгуэкIхэм фащэкIэ зыкъыха­гъэщ­хьэху­кIыртэкъым. Цейм и «псэр» дахэу къегъэлъагъуэ абы тхылъ псо тезыухуа Студенецкая Еленэ: «ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр цейм и бийщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэ­къуарэ Iэпкълъэпкъым шэ­щIауэ итIысхьэу, гъэщIэрэ­щIэкIэ хабзэхэр зэрыт гъунапкъэ зэвым къимыкIыу — апхуэдэт адыгэ цейм и дыкIэ мардэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр егъэлеяуэ зэкIуж щIэхъур».

 Джанэр

 Цейм и лъабжьэ щIэлъ   джанэр Iэпкълъэпкъым хуэфIу, бгым иувэу ядырт. И кIыхьагъыр цейр зыщыгъыр къызыхэкIам елъы­тат: нэхъыбэм сантиметрий-пщIыкIэ лъэгуажьэм къы­дэIэбейуэ къагъэувыIэрт, дин лэжьакIуэхэм ящыгъыр нэхъ кIыхьт. Джанэр зыгъэдахэ Iыхьэхэм ящыщт пщэм и лъагагъкIэ, сантиметриплI-хыкIэ дэкIуей пщампIэ лъагэ дытар. Джанэр и гупэмкIэ икIыхьагъкIэ щызэгуокI, и бгым нэс ар щIыIу цIыкIурэ щIыIунэ щхьэхуэхэмкIэ бопхэ, апхуэдэ дыдэхэр Iэм хуэ­фIу да Iэщхьэм итщ. Джанэм бгъэ жып хуащI хабзэщ, зыфIэфIым бгым и щIагъ-кIи нэгъуэщI жып щIедэ.

 Цейр

 Цейр, къапщтэмэ, Iэпкъ­- лъэпкъым хуэфIу да теубгъуэнщ (Щыгъынибгъу нэхърэ — теубгъуэн). Ар бгым деж Iузэ дыдэ щохъу, и гупэри и щIыбри псоуэ къыхах. И кIыхьагъыр лъэгуажьэм къыщегъэжьауэ сан­тиметрипщI-тIощIт зэры­хъур, ауэ ди лъэпкъыр муслъымэн диным ихьа нэужь, нэхъ кIыхь ящI хъуащ. И гупэм деж ар щIыIуищ-тхукIэ бопхэ, жып щIэткъым, и Iэщхьэхэр захуэщ, и кIы­хьагъыр Iэ бэлагъым фIыуэ фIокI. И тыншагъым и мызакъуэу, абы цIыхухъу Iэпкъ­лъэпкъым фэ къытригъа­уэрт, ар уэмыкIумэ, даха­гъэм и мардэхэр пIэщIэкIауэ ябжу. КуэдкIэ цейм и фIы­гъэщ дунеяплъэ гуэрым: «АдыгэлIым елъытауэ, дунейм цIыхухъуу тетыр лъа­гъугъуейуэ къыпфIощI», — щIыжиIар.

ЩIалэ цIыкIум цейр япэ дыдэу хуадырт илъэсипщI-пщыкIутI щыхъуам деж. Къэбэрдейхэр къызыхэкIа и лъэныкъуэкIэ лIакъуэ пщы­кIузу зэхадзми, дэтхэнэ зыми и цей дыкIэр адрейм къыщ­хьэщыкIыртэкъым, ауэ къызыхэщIыкIа щэкIым къулейр нэхъ хуэмыщIам къыхигъэщырт. Лонгворт Джон етхыж: «УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым нэхъыфI-нэхъ IейкIэ зэхамыдзу, псоми а зы щыгъын лIэужьыгъуэр зэращыгъыр. Абы адыгэ псоми зы унагъуэ къыхэ­кIауэ фэ къатрегъауэ».

Псом нэхърэ нэхъ лъэщыр цейр «пхуэфIыпсу» пщы­гъынрат. Нэхъ Iэзэу ябж дэрбзэр бзылъхугъэхэм зэ фIэкIа зыIумыплъа цIыху­хъум ирамыгъапщэу цей хуа­дыфырт.

 Хьэзырхэмрэ хьэзырылъэхэмрэ

 Хьэзырылъэхэр цейм хэмытынкIэ Iэмал зимыIэ Iыхьэщ. Ар цIыкIу-цIыкIуу зэпыщхьэхукIа жып гупщ, пхъэм е къупщхьэм къыхэ­щIыкIауэ гынылъэ зырыз иIэжу. Гыныр къежьа нэужьщ ар цейм кIэрадэн щыщIадзар. Хьэзырхэр, нэхъ убгъуауэ жыпIэмэ, «шэ хьэзырхэр», зэман лей имы­гъэкIуэду шууейм и фочыр иузэдыну Iэмал иIэн щхьэкIэ щIауэ аращ. Хьэзырхэм я бжыгъэм теухуауэ къэса хъыбархэм жаIэр зэщхьэ­щокI, нэхъыбэр 8-мрэ 10-мрэ я зэхуакум (зы лъэны­къуэкIэ) къыщобжэ. Ауэ адыгэхэм зэпэмыбжыр нэхъ зэрафIэкъабылым къыхэ­кIыу, блым е бгъум нэхъ трагъащIэ. Абы къикIыр — лъэныкъуитIри зэхэту пщы­кIуплI е пщыкIуий мэхъу.

 Бгырыпхыр

 Цейм къыпхугуэмыхьын Iыхьэу хэтщ абы щIэпха бгырыпхыр. Бгырыпхым сэшхуэр, кIэрахъуэр, къамэр, зэманым елъытауэ щыIэ нэгъуэщI Iэщэхэри кIэрагъэзагъэ. Къищынэмы­щIауэ, фочым узэреIэзэн Iэмэпсымэхэр: ар зэрызэ­фIэпIуэнтIыкIыну гъу­щIымрэ щыпхуэну дагъэмрэ. «Адыгэр шхэми жейми и Iэщэр кIэрыщIащ, — етх Хъан-Джэрий, — аращи, ар зэкъуэхуауэ къыпIэрыхьэнукъым. Къамэ ямыIыгъыу къэзыкIухьыр щIалэ цIыкIу дыдэхэмрэ лIыжьхэмрэщ». Хъан-Джэрий зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэ адыгэми къыздри­хьэкIырт бийр зэрипхыну кIапсэ, шэху уэздыгъэ, дыд, бгырыпх лей, жьакIэупс, джэбын. Сытми, дакъикъэ къэс лIэным хуэхьэзырт. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, нобэрей адыгэлIыр дыщэ сыхьэт­хэмрэ дыщэ Iэлъынхэмрэ игъэдахэмэ, пасэрейхэр зыгъэдахэр имычэзууэ кърамых «къамэ Iэпщэхухэрат».

 Адыгэ цейр къэзакъхэм я «лъэпкъ фащэ» зэрыхъуар

 Кавказ Ищхъэрэм ис бгы-рысу хъуами къэзакъхэми Къэбэрдейм я Iэщэ-фащэри, шы тесыкIэри, хабзэри зыхалъхьащ, — етх урысей этнограф Вейденбаум Евгениий, — абыхэм, замыгъэпсэхуу, къэбэрдей модэ щхьэ­зыфIэфIым темыплъэкъукIыу зыдрагъэкIу, зэманым къыкIэрымыхун щхьэкIэ».

XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм адыгэ цейр Кавказым къулыкъу IуэхукIэ щыIэ къэзакъхэм я фащэу къащтащ. Абы фащэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. Кавказым щекIуэкI зауэхэм заукъуэдииху, цейми кIуэ пэтми ищхъэрэкIэ, Урысейм и кумкIэ, кIуэтэн щIидзащ.

Ауэрэ адыгэ цейр Европэми нэсащ, революцэ нэу­жьым Урысейм иIэпхъукIа урыс офицерхэм я фIыгъэ­кIэ. Мыбдежым уигу къэб­гъэкIыжыну хуэфащэщ Париж щыпсэуа, «Адыгэ цей сщыгъыу сыщIэфлъхьэж», — жиIэу уэсят къэзыгъэна Хьэгъундокъуэ Константин.

Нобэ адыгэ цейр зыщы­гъхэм ящыщу дуней псом къыщащIэр Иордание пащтыхьыр зыхъумэхэращ. Ар къалэ­жьащ къэралыр зэ­фIэувэ­ным шыщхьэмыгъазэу хэта адыгэ мухьэжырхэм. Лъагэу адыгэ цейм и пщIэр яIэтащ лъэпкъым къыхэкIа адыгэ усакIуэхэми. Абыхэм язщ ди тхыгъэр зэрыдухыну тфIэи­гъуэ Мэш­бащIэ Исхьэкъ «Адыгэ цей» («Черкеска») зыфIи­ща и усэ цIэ­ры­Iуэр:

УэркIэ щIалэфIым и щхьэр лъагэщ,

Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужь,

И шы къарапцIэр иутIыпщмэ,

Шыгъажэм япэу ар къосыж.

 Адыгэ пшынэм зиукъуэдиймэ,

Щауэм щыщ уохъури, укъоудж.

Жьым кърихьэкIым хуэдэу мафIэр,

Iэпкълъэпкъ узыншэр емылыджщ.

 Уи бзыпхъэр пщащэм IэкIуэлъакIуэу

Нэхущ дыгъэпсым къыхихащ,

Биишэр къыплъэмыIэсыну,

Хьэзырхэр псысэкIэ гъэпсащ.

 Дахагъэу щыIэр бдалъагъуну,

Къуршым дэкI лъагъуэхэр уи дыпIэщ.

Адыгэ шум уемыпцIыжыну,

Пэжыр уи гъуэгу зэхэгъэкIыпIэщ.

 ЛIэщIыгъуэхэр зэкIэлъыбгъакIуэу,

Уэ фIымрэ Iеймрэ бгъэунэхуащ.

Гынымэр жьым къыбдрихьэкIыу,

Лъы защIи куэдрэ ухъуащ.

 Шэм къимыгъазэу уэ ппхылъэтырт,

Гъуанэдэу Iэщи къыптехуащ.

Зигу фIыцIэм уэркIэ зыщIихъумэу,

Тхыдэ гъунэгъум къыщыхъуащ.

 Уэ си лъэпкъышхуэм ухуэфIыбзэщ,

Шыщхьэмыгъазэр уогъэпэж.

Бащлъыкъыр дамэм хуэдэу пIэту,

Бийм и гурыгъыр ибогъэж.

 Ауэ щIалэфIым и щхьэр лъагэ,

Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужькIэ?

И шы къарапцIэм зиукъуэдийуэ,

Шыгъажэм япэу къыщысыжкIэ?

 Уэ лIыгъэм щауэр хубогъасэ,

Бгъэм хуэдэу уардэу шыбгым фисщ.

Уи бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами,

Зэры-Кавказу ухуэфIыпсщ.

 ЖЭМЫХЪУЭ Марьянэ.

Related posts

Leave a Comment