Адыгэбзэ

ДИ ЛIЭЩIЫГЪУЭ Культурэм и лъахэм Эссе

         ЗэрымыщIэкIэ тIощIрэ езанэм дыкъыхэхутами, дэ ди ныбжьхэм дыдейуэ (е дызейуэ) убж хъунур, шэч хэмылъу, етIощIанэ лIэщIыгъуэращ. Къедгъэблыжурэ нобэр къыздэсым псэкIэ кIэлъыгъэхуабэ зыхуэтщI ди лIэщIыгъуэ мыщхъуэмыфэрщ икIи щхъуэкIэплъыкIэрщ. Ухуейми щытхъу, ухуейми уб, – арат дэ Тхьэм къытхухихари, зэрыхъукIэрэ дипсэухьащ. Нэпкъыжьэхэр ди гъащIэхэм къатринащ.

СыткIэ гукъинэж сщыхъуа, нтIэ сэ а ди лIэщIыгъуэр? ДыщIыхуэхъуэхъуэнумрэ дыщIыхущIэбжэнумрэ зэпэдгъэшэчамэ, дэтхэнэм нэхъ иришэхыну пIэрэт?.. Ущынэхъ щIалэм деж апхуэдэм жэуап нэхъ етыгъуафIэщ, ауэ жьыгъэм и бжэщхьэIум уебэкъуагъэххэу укъыщызэплъэкIыжкIэ, къезэгъкъым куууэ узэмыгупсыса жэуап апхуэдэм ептыныр.

Мыдэ зы илъэс 30 хуэдэ и пэкIэ абы теухуауэ къедгъэжьа усэ гуэр нобэр къыздэсым нэдмытхысауэ ди блокнотым итщи, сыхуейт абыкIэ къыщIэздзэну къудамэбэу зэкIэщIэкIынкIэ хъуну мы си тхыгъэр:

                                  ЛIэщIыгъуэ етIощIанэ

                  ЛIэщIыгъуэ етIощIанэр мэдыхьэшхыр,

                   ЛIэщIыгъуэ етIощIанэм зешхыхьыж,

                   КъекIухь Ажалым, и дзэр зэригъэшхыу,

                   Кърешыр ГъащIэм уэрэд мыухыж.

                   Дапщэщи хуэдэу, Пэжыр щIакIуэ кIапэм

                   Тетщ, еныкъуэкъуу зыкъэзымыт ПцIым.

                   Дапщэщи хуэдэу, куэдым я цIыху напэр

                   Мылъку кIапэм щхьэкIэ хаутэжыр щIым.

                   Дапщэщи хуэдэу, ноби щIакхъуэ Iыхьэм

                   Къыхехыр и мэ цIыхум къащIэж лъым.

                   Псэ куэд иджыри гуауэм егъэпыхьэ,

                   Хей куэд щIелъхьэж иджыри зауэм щIым…

ЛIэщIыгъуэ етIощIанэ, сэ гукъанэ

                   ПхузиIэм, сынолъэIур, – къыщIэдэIу:

                   Къэхъуакъым, сощIэ, ГъащIэр щымыхъуанэ,

                   Къэхъуакъым, сощIэ, ГъащIэр щымыщэIу.

                   АтIэми, иджыр хуэдэу…

Аращи, ди лIэщIыгъуэм усэбзэкIэ етшэжьауэ щыта а гупсысэм къыпытщэ щIыкIэу нобэ бзэ нэхъ къызэрыгуэкIкIэ дытепсэлъыхьынщ етIощIанэ лIэщIыгъуэм ухуэхъуахъуэ е ухуэхъущIэ щIэхъуну къэтлъытэ Iуэхугъуэ гуэрхэм. ТхакIуэнэкIэ дриплъэжынщ а ди лIэщIыгъуэм къикIуа гъуэгуанэм. Зыкъэтпщытэж щIыкIэрэ ди лъэпкъым и гъащIэм щекIуэкIауэ е абы къехьэлIауэ къытфIэщI Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр гъуни нэзи зимыIэу къыпщыхъу дунейпсо IуэхущIафэхэм къахэтхутыкIыурэ. Ди лъэпкъым и нобэмрэ и къэкIуэнумрэ дерс къызыхахын хуейуэ къытщыхъу щапхъэхэм нэхъ ятедгъэчыныхьурэ.

Нэсу къыдгурымыIуэ Iуэхугъуэ гуэрхэм дахэпсэлъыхьыIуэурэ дыздыщыуэ гуэрхэр къыхэхуэнкIэ хъумэ (къыхэхуэнуи къыщIэкIынущ), дыщогугъ тхакIуэнэкIэ дриплъэжынщ жыхуэтIар фигу къэвгъэкIыжурэ феджэну. Тхьэ зэрытIуэфынур зыщ: дигу зэрымыгъу лъэпкъ дытепсэлъыхьынкъым, гум къыбгъэдэмыкI псалъэ зэрыжыдмыIэнуми дыхэтынщ.

Идее ин

         Сэ игъащIэм зы парти сыхэтакъым, Компартым хуэусэурэ къыдекIуэкIахэми сащыщкъым, Октябрь революцэр зи Iэужьхэм я гу къабзагъэр здынэсу щытам теухуауи схужыIэнур мащIэ дыдэщ. АтIэми шэч къытесхьэркъым «Уи идей иным бэлыхь уэрдыхъур ЩIы къуза шарым къыфIегъэлъэлъ» жиIэу ди усакIуэшхуэм зэгуэр итхыгъа псалъэхэм, щхьэри лъакъуэри зыIэрыхьауэ щыта коммунист идеологием нэхърэ, цIыху куэдыкIейм я бампIэ зэман кIыхькIэ зэтрихьар къежьапIэ нэхъ хуэхъуауэ зэрыщытам.

И гугъу тщIынкъым ар зи идееу жыхуаIэу щытам. (Апхуэдэ цIыхум и инагъ-цIыкIуагъым теухуа пэжыр нэсу жызыIэфынур Зэманыращи, абы япэ илъэдауэ щIемыгъуэжа щIагъуэ щыIакъым). Дытепсэлъыхьынщ «бэлыхь уэрдыхъур» якъутэфыным щыгугъыурэ игъащIэ лъандэм цIыхум къыздрахьэкI езы идеем.

Си фIэщ хъуркъым а идеем и Авторыр нобэ къызыхуэгъуэтыжын тхыдэтх щыIэу. Ижь-ижьыж зыхужаIэу зыр зым и тепщэ, зым зыр дикъузэ, зым адрейр цIыхуу къимылъытэ хъууэ щыщIадза зэман лъандэрэ гъащIэм, шэч хэмылъу, къыдокIуэкI а идеер. Изрэ ныкъуэрэ, тепщэрэ пщылIрэ, цIыху псэ хьэлэлрэ хьэкIэпычрэ дунейм зэдытету щытыхункIи (кIэщIу жыпIэмэ, – игъащIэкIэ) а идеер псэунущ.

Е имычэзууэ кърахьэжьат, е узытекI мыхъуну и хабзэ нэхъыщхьэм текIахэт, е цIыху щхьэхуещэ гуэрхэм яIэщIыхьэу ягъэпудат? – сытми, а идее дахэр, идее уахътыншэр лъагэ дыдэу иIэтщ, фэрыщIагъэшхуэ хэлъу игъэвури, иужькIэ ятIэм къыхидзэжащ етIощIанэ лIэщIыгъуэм.

Куэдым жаIэ иджыпсту идеологие зыфIэпщ хъун гуэри щымыIэу. Пэжкъым. ЩыIэщ пкъыри псэри нэхъыкIэжу зыкъуз икIи зыхуз идеологие. Ахъшэшхуэм, бохъшэшхуэм, мылъкушхуэм я идеологие. А идеологием жиIэм тепщIыхьмэ, «ныкъуэр» «изым», зи кIэтIийр зи вакъэпсу лажьэурэ  икIэм-икIэжым факъырэпэщмэну къыщIрагъэдзыжар зыкIи зыхуэмыфащэу беижь ящIам щIыхуэмыарэзын лъэпкъ щыIэкъым, сыту жыпIэмэ ар, кIуэаракъэ, Алыхь Iуэхущ, апхуэдэу щытын хуейуэ къахуиухащ, а зэрыщытын хуейм илъэс 70 хуэдизкIэ гъащIэр зыгуэрхэм траIуэнтIыкIауэ щытами, иджы, мис, – «хъарзынэу псори и пIэм иувэжащ». Къытыдогъэзэжри, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа ахъшэ-бохъшэ идеологиер апхуэдэущ а Iуэхум зэреплъыр.

«Зы лIыр джэдыгуибгъурэ лIибгъур зы джэдыгуу» жыхуаIэ псалъэжьымкIэ нобэ зыри пхуэгъэукIытэнукъым. «Угубзыгъэр пэжмэ, щхьэ умыкъулейрэ?» жыпIэу псэ хьэлэл зиIэ цIыху жыIэзыфIэщым уеупщIмэ, и жэуапыр дыхьэшхэн дыдэу IункIэ хъунущ мы ди зэманым…

«Псалъэм къыдэкIуэу» жытIэурэ тIэкIу дыхэбжьэхъуа щхьэкIэ, мы Iуэхум щхьэхуэу тепсэлъыхьын хуейуэ къыдолъытэ, ауэ щыхъукIэ а лъэныкъуэм зедмыгъэубгъущэу дыхыхьэжынщ «Идее иным» теухуа гупсысэм.

ГъэщIэгъуэныракъэ, «цIыхубэм я щыжакIуэкIэ» еджэу тхыдэм хыхьа цIыху цIэрыIуэхэм, ди ныбжьхэри дэ нэхърэ нэхъыжьхэри зи щапхъэ щIапIыкIахэм, нобэ хужаIэжыр нэгъуэщIщ: Пугачев хъунщIакIуэщ, Степан Разин фыщIакIуэщ, езы Спартак дыди хужаIэн ягъуэтынут («Емынэм зэрихуэрэт, и пщылIыпIэ щIимысыжар сыт?!»), ар ди къэралым и тхыдэм хиубыдэу щытамэ.

АтIэми, дунейпсо литературэм хэт лIыхъужь пажэхэм я нэхъыбапIэм псом япэу узэрыдахьэхыр аращ: дакъузэм, ягъэпщылIым, къулейсыз ящIам къащхьэщожхэр; дэзыкъузэхэм, зыгъэпщылIхэм, цIыхубэр нэхъри къулейсыз зыщIхэм япэщIэтхэщ, я хьилэшыгъэхэр сэтей къащI. Ярэби, фIымрэ Iеймрэ, пэжымрэ пцIымрэ, захуэмрэ къуаншэмрэ зэхэгъэкIыным теухуауэ мы дуней псом нэхъ цIыху Iущу тетахэм нобэр къыздэсым жаIахэри ятхахэри щыуагъэ зэфэзэщу зэхэлъу къыщIэкIыжауэ пIэрэ-тIэ? Пэжщ, тхыдэм, литературэм я лIыхъужь щхьэхуэхэм дазэрыхущытыр зэманым зыгуэркIэ щихъуэжи а зэхъуэкIыныгъэм арэзы дыщытрищIи щыIэщ, ауэ захуагъэм щIэкъуныр цIыхур Iэщхэм къащхьэщызыгъэкIауэ зыузэщI фIыгъуэхэм ящыщ зыщи, мис а пэжым гъащIэр щытебэкъукIым деж цIыху цIыкIур щтэIэщтаблэ мэхъу.

ЖыпIэнуракъэ, сэ етIощIанэ лIэщIыгъуэм сыхуэарэзыкъым а идее дахэр апхуэдизу иIэту иужькIэ щIэнэкIалъэ зэрищIыжамкIэ.

А идеер, дауи, кIуэдынукъым, «изыр» щIэизымрэ «ныкъуэр» щIэныкъуэмрэ зэхагъэкIыу Iэмал имыIэу зэгуэр щIадзэжынущ нэхъ цIыху къабзэхэм, етIощIанэ лIэщIыгъуэм и фIейхэр зылъэмыIэсахэм. Ауэ, цIыху цIыкIур нэхъ Iущ хъууэрэ кIуэр пэжмэ, мы дерсыр къыхихыфауэ дыщыгугъынщ етIощIанэ лIэщIыгъуэм: «изрэ ныкъуэрэ зэрыщIэркъым» жыхуаIэ псалъэжьым дызэрытекIыным дыхущIэкъу зэпытурэ дымыпсэумэ, «изым» а «ныкъуэу» къигъэнам цIыхуфэ ириплъу, лъысыпхъэр абыи лъигъэсу зримыгъасэмэ, – нэщIэбжьэ инхэр аргуэру ди Iэрылъхьэщ.

«Псалъэм къыдэкIуэу» жыхуаIэм хуэмыдэу, нэхъ куууэ зытепсэлъыхьыпхъэ Iуэхущ мыр, ауэ щыхъукIэ зэрытхузэфIэкIкIэ къыщIэгъэлъауэ я гугъу тщIынщ а «Идее иныр» тепщэ хъуауэ щыдигугъа зэманым адыгэм къытхуихьахэмрэ тфIихьэхуахэмрэ.

Къэралыгъуэшхуэ

         ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и Iэужьщ СССР-кIэ зэджэу щыта къэралыгъуэшхуэр. УщIыхуэмыарэзын куэди хэлъщ а къэралыгъуэшхуэм и тхыдэм, къыщаIуэтэжкIэ щхьэфэцыр зыдэтэдж залымыгъэ Iэджи щекIуэкIащ абы. Ауэ, тхьэхужыIэу жыпIэнумэ, лъэпкъ цIыкIухэр а зэманым хуезыгъэхъуэпсэкIыж фIы зыкъоми къахуздихьауэ щытащ ар къэунэхуным.

А илъэс 70-м тIэкIу дыкъыдэмыщIэрэщIэжамэ, дыкъэзызэуа империем и джатэ лъабжьэм дыщIэт зэпытурэ дыкъекIуэкIамэ, Тхьэм ирещIи, дэри, дэ тхуэдэу Урысейм ис адрей лъэпкъ цIыкIухэри лъэпкъышхуэм дыхэшыпсыхьыпэнкIэри хъунт иджыри къэс. Ди тхыбзэ, ди литературэ, ди культурэ жытIэу, абыхэм нэхъри зедгъэужьын мурад дахэр диIэу нобэм дыкъэмысынкIэри хъунт…

Ауэ, зэрымыщIэкIэ жыхуаIэм ещхьу, а къэралыгъуэр къэунэхуным насыпыншагъэ ини къытхуздихьащ дэ, XIX лIэщIыгъуэм лъапсэкIуэдыр зыгъэунэхуа адыгэхэм. Псом хуэмыдэжу, ар насыпыншагъэшхуэу ятепсыхащ хамэщI щыпсэу адыгэхэм. Кавказ зауэжьым и зэманым хэкур зыфIэкIуэдахэм… Нэхъ гурыIуэгъуэу жытIэнщи, хэкум къина адыгэхэмрэ хэхэс хъуахэмрэ я зэхуакум къурш блын лъагэу къыдэуващ идеологиекIэ дуней псом зыкъыгуэзыгъэщхьэхукIа къэралыгъуэщIэм, системэщIэм и гъунапкъэ, зэрыжаIэу, IункIыбзиблкIэ гъэбыдар. Къыдэувэри, лъэпкъыр зэзыпхрэ зэрызыгъэIыгъыу щыIэ псори (Iыхьлыгъэ-благъагъэхэри дэкIуэу) зэтекъута, зэпыуда хъуащ. Ардыдэм кърикIуащ мелуанкIэрэ нобэ зыкъэзыбжыж адыгэ хэхэсхэмрэ дэрэ хамэгу-хамащхьэ дызэхуэхъуныр, хьэлкIи, щэнкIи, хабзэкIи, дуней тетыкIэкIи, дин зехьэкIэкIи зэрымыцIыхуж жыхуаIэм хуэдэу дызэпэщIэкIуэтыныр. Нэхъ гуауэжрати, хэкужьым икIа нэхъыжьхэр ящхьэщылIыкIа нэужь, дяку къыдэува гъунапкъэр нэхъри лъагэ икIи быдэ хъууэ щIидза нэужь, адыгэ хэхэсхэм я гугъэр хахыжыпащ хэкум къагъэзэжыным…

Яхэтами, мащIэ дыдэу къыщIэкIынущ ИстамбылакIуэм щыгъуэ хэкум икIа адыгэхэм къагъэзэжын гуращэр зимыIэу яхэтар, «Моуэ гъащIэр тIэкIу зэтеуIэфIэжмэ, дыкIуэжынщ» жаIэу абы щIэмыхъуэпсар, ауэ… Ауэ, адыгэм ди насыпыншагъэти, абы пэплъа хуэдэ, дунейм гужьгъэжьрэ бампIэу тетыр къэукъубейри, зэбгъэпщэнкIэ мыдахэми, – джэдылIэм здихьа бабыщым ещхьрэ гу лъамытэххэу адыгэ хэхэс тхьэмыщкIэхэм я гущIагъщIэлъ хъуэпсапIэр щIиIубэжауэ щытащ къэублэрэкIа дунейм.

Мис ари яхызобжэ сэ етIощIанэ лIэщIыгъуэм ди лъэпкъым кърищIа щIэщхъу бзаджэхэм.

Япэу лъэбакъуэ зычахэр

         Iей мыхъу фIы хъужкъым, жыхуаIэм ещхьу, дапхуэдиз залымыгъэрэ укIыгъэрэ къримыкIуами, ищхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, Октябрь революцэм кърихъуауэ щыта «гъащIэщIэм» тыгъэншэ ищIатэкъым адыгэхэри дэ тхуэдэу къэралым хыхьэ нэгъуэщI лъэпкъ цIыкIухэри: лъэпкъхэр зэгурыгъэIуэным, зэхуэгъэдэным теухуауэ политикэ хэха щыIэ хъуат, гъунапкъэкIэ убзыхуа автономиерэ апхуэдэм тегъэпсыхьа зэхэтыкIэ хабзэхэмрэ зи лъахэ исыж лъэпкъ псоми ягъуэтат, щхьэж и анэдэлъхубзэкIэ еджэжыну, я литературэ къагъэщIыну, я культурэм сыт и лъэныкъуэкIи зрагъэужьыну… ЖыпIэнуракъэ, империем щIипIытIапэ пэта лъэпкъ цIыкIухэм сэбэпышхуэ хъу, мурад инхэм хуэзыгъэушэ апхуэдэ тыгъэхэр къахуищIат «гъащIэщIэм» лъэпкъ цIыкIухэм.

Пэжу, а тыгъэхэм, IэфI ящIэмылъыж жыхуаIэм ещхьу, куэдыIуэрэ тепсэлъыхь, тетхыхь, «Дэр мыхъуамэ!..» жыхуаIэу лъэпкъ цIыкIухэм кърахъуэныж хъуауэ щытащ нэхъ иужьыIуэкIэ. Уи тхьэкIумэм куэдыIуэрэ щагъэву, зэпымычу къуахъуэныж IуэхуфIым фIы хыумылъэгъуэж уохъу хуэм-хуэмурэ. Мис абы ещхьу, мо зи гугъу тщIа тыгъэхэми гу нэхъ ялъыдмытэж хъуауэ щытащ зы зэман…

ТхьэхужыIэу жыпIэнумэ, а зи гугъу тщIа «псэукIэщIэр» – фIы къытхудэкIуауи щIы, Iей кърикIуауи жыIэ, – къэунэхуныр хэхауэ зы лъэпкъым и напщIэ щIытелъын щхьэусыгъуи щыIэтэкъым абы щыгъуэ  (иджы къызэрыщIагъэщыжамкIэ, зи кIэм апхуэдиз кърикIуа а революцэшхуэр езыр ди деж щащIа «хьэпшыптэкъым», – импортт), сыту жыпIэмэ а Iуэхум, щхьэж и щхьэ бжыгъэ зэрекIужынкIэ, хэтауэ икIи хэлъхьэныгъэ хуащIауэ щытащ къэралыгъуэм ис лъэпкъ псоми.

ЦIыхухэм я Iуэху еплъыкIэми гъащIэм и кIуэкIэм зыдещI, зыдегъазэ, абы къыхэкIыуи ар хуабжьу фэзэхъуэкIщ, ауэ аналитикыу щыIэм я нэхъ Iэфтэритету ЗэманкIэ зэджэм нобэ дигъэлъагъужащ а «псэукIэщIэм» къытхуищIауэ щыта тыгъэхэм я мыхьэнэр зыхуэдизыр. Я дзэр лъэпкъ цIыкIухэм зэрыхуалъыр зыкIи щIэзымыхъумэ, суд пащхьэм ущIызэдихьэ хъуну гуэрхэр лъэпкъ цIыкIухэм яхуэгъэзауэ утыкушхуэхэм щыжызыIэ, къыжьэдакъуэным, ягъэкъуэншэным и пIэкIэ, нэхъри трагъэгушхуэурэ, абы цIэрыIуэ ирихъуа зэуштакIуэ политик гуэрхэр иджыпсту зэрыщыIэм псори дыщыгъуазэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, ахэм ялъагъу мыхъур лъэпкъ цIыкIухэм я закъуэкъым – лъэпкъ куэду зэхэт Урысей къэралыгъуэм и лъабжьэр щIагъукIыу жыпIэ хъунущ ар дыдэмкIэ, а я зэщыхъуэ-зэушт псалъэхэмкIэ.

НтIэ, мис апхуэдэ политикхэм ягъэкIуэд пэтми яхуэмыгъэкIуэдыпауэ нобэр къыздэсым щыIэ лъэпкъ зэхущытыкIэ хабзэхэм, ауэ хыфIэдзи, я процент 80-р мо зи гугъу тщIа «псэукIэщIэм» щыгъуэ къежьа жэрдэмхэм я инерцие щIэину зэрыщытым шэч хэлъкъым.

А инерцием и къарум дыздынишэсынур, лъэпкъ цIыкIухэр иным дыхэшыпсыхьыжыныр зыфIэкъабылу абы дыхуезыджэхэм я теорие екуэкуншэм дызэрыпэщIэтыфынур зыхуэдизыр Тхьэм ещIэ, ауэ, шэч зыхэмылъыжращи, лъэпкъ цIыкIухэм ди дежкIэ а зи гугъу тщIа «щIэиныр» ягъэкIуэдыжа идеологием и фэеплъ нэхъыфIхэм ящыщщ.

Ахуэдэу гъащIэм ухэзыгъаплъэ, ухэзыгъэгупсысыхь щапхъэхэр куэд мэхъу, ауэ, гупсысэр зэкIэщIэмыбэтэным щхьэкIэ, зедмыгъэшэщIыщэурэ, дытепсэлъыхьынщ дэ ди IэщIагъэкIэ къыдэгъэщIылIауэ икIи нэхъ дызыщыгъуазэу къытщыхъуж Iуэхугъуэ гуэрхэм. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и Iэужьу щыт а «псэукIэщIэм» адыгэ лъэпкъым тыгъэ къытхуищIа, ауэ, тIэщIипхъуэтыжыну хэтурэ, псэ куэд зытекIуэда фIыгъуэ гуэрым.

ЩIэныгъэ иIэу лIэщIыгъуэкIэрэ къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъхэм ехъуапсэ зэпыту зэрыпсэуам и щыхьэту, етIощIанэ лIэщIыгъуэм и 20-30 гъэхэм адыгэм къащIэтэджат лъэпкъ интеллигенцэ димыIэм купкъи жэпкъи хуэхъун хуея, а къалэным хуэфэщэн псомкIи Тхьэр зыхуэупса щIалэгъуалэ гупышхуэ. Зыгуэрхэм алфавитыщIэ анэдэлъхубзэм хузэхалъхьэрт, адрейхэм щыIэр ирагъэфIакIуэрт, ди бзэм теухуа къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр ятхт, цIыхубэ театрхэр къэунэхут, япэ адыгэ усэхэр, рассказхэр, повестхэр, пьесэхэр дунейм къытехьэрт. Аркъудей, – «Адыгэ литературэр зытещIыхьын хуейр лъэпкъ IуэрыIуатэра хьэмэрэ европей литературэм и традициехэра?» жаIэрэ иризэдауэу дискуссие гъэщIэгъуэнхэр апхуэдэ Iуэхугъуэшхуэхэм иращIэкIт, нэхъ хэкIыпIэфIыр къызэдалъыхъуэрт. Борыкъуей ТIутIэ и телъхьэ гупым, псалъэм папщIэ, яфIэзахуэт адыгэ IуэрыIуатэм къыдекIуэкI хабзэхэмрэ щапхъэхэмрэ къэунэху ди литературэм лъабжьэ хуэщIыныр, Нало Жансэхъу и телъхьэхэм жаIэрт сыт и лъэныкъуэкIи зызыужьа европей литературэм и щапхъэ гъэунэхуахэр къыхэхамэ нэхъыфIу… ЖыпIэнуракъэ, мурадхэр инт, а мурад инхэр къэзыгъэIурыщIэфын жэрдэм зиIэ цIыху хьэлэмэтхэр, фIы мыхъумэ, Iей лъэпкъ пэплъэртэкъым, ауэ… Ауэ, ди тхыдэм, зэрыжаIэщи, шейтIаныр къытебжауэ къыщIэкIынти, зи шырхэр зышхыжыну къызыIурыбла псэущхьэ шынагъуэм ещхьу, «гъащIэщIэм» зыкъызэридзэкIщ, гугъапIэ инхэр зиIэу зигухэр фIым хуэпхъэ, зи къэкIуэнур лъэпкъ Iуэхум тезыухуа цIыху щхьэпэхэм къатебанэри, я псэ хейхэр зыIуридзащ…

1968 гъэм къыдэкIащ «Япэу лъэбакъуэ зычахэр» тхылъыр. Абы итщ лажьэ зимыIэу ягъэкIуэдауэ щыта цIыху зи фIыгъуэ къомым ящыщу адыгэ литературэм псыпэ хухэзыша тхакIуэ гупым я тхыгъэхэр, я биографие кIэщIхэр.

СощIэж, тхылъыр къыдэкIри тыкуэнхэм зэбграшат, экземпляр бжыгъэ гуэри ящэну хунэсахэ си гугъэжт, «Зэпывгъэу!» унафэр къащыIэрыхьам. Е и лэжьыгъэкIэ гу лъитэн хуейуэ лъита, е зэрымыщIэкIэ и нэр хуэза, – сытми зы къулыкъущIэ гуэрым къилъэгъуащ Унэшхуэм ягу иримыхьын, хэIущIыIу пщIы мыхъун гуэрхэр мы тхылъым зэритыр. Итыр сыт жыпIэрэ ущIэупщIэмэ, мырат: дэтхэнэ тхакIуэми и цIэ-унэцIэм кIэщIэтт къыщалъхуа, щылIэжа гъэхэр. Моуэ-щэ, нэм къыщIэуэу жыхуаIэм хуэдэрэ бжыгъэхэр пIащэфIу тедзауэ… Къыщалъхуа гъэхэр – сытым щхьэкIи зэтехуэн хуейт, – зэтехуэртэкъым, ауэ, зэщIыгъуу дунейм ехыжыну зэгурыIуахэ фIэкIа умыщIэну, псоми я гъащIэ гъуэгуанэхэр щаухар тхыдэм IейкIэ гукъинэж щыхъуа, лейзехьэхэмрэ лIыукIхэмрэ псэ гъэнынкIэ, лъы гъэжэнкIэ зыщатIыжа зэман бзаджэм и нэхъ Iей дыдэрат – 1937 гъэ…

Арати, икIэщIыпIэкIэ иужь ихьэхэщ, тыкуэнхэм щIалъхьахэри складхэм щIэлъхэри зэхуахьэсыжри, тхылъхэр къашэжауэ щытащ къыдэзыгъэкIа ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым.

Тхьэм ещIэ абы щхьэкIэ, нэхъ щабэу жытIэнщи, къыпагъэжьыкIахэр хэт сымэми, – а лъэныкъуэмкIэ Iуэхум дыщыгъуазэкъым, ауэ дэ дызыщыгъуазэращи, гъэ бжыгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхьэпэхэр къыдатхъыурэ, бжыгъэ лъэпкъ зэрымыт нэгъуэщI тхьэпэхэр дагъэпщIэжауэ щытащ. ИтIанэщ тыкуэнхэм щыщIалъхьэжар. А тхылъыр нобэ зиIэжхэр феплъ, – си гугъэщ мы жысIэм щыхьэт къытемыхъуэн экземпляр щIагъуэ а тиражым къыхэмыкIыну.

Дапхуэдизу яфIэемыкIурэ щIэнакIэ хэлъу зыгуэрхэр темыпсэлъыхьми, зыкъомкIэ узэрыгуфIэ хъун щапхъэт мыр: етIощIанэ лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм ди къэрал политикэм «жьыбгъэ хуабэ кIапэ» къыхукъуэури, ди зэхэтыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ тIэкIу зихъуэжауэ щытащ. НэхъыфIу щыIэмкIэ цIыху цIыкIур къигъэгугъэурэ къежьа, иужькIэ зи нэм хуэм-хуэмурэ лъыр къытелъадэу щIидза, апхуэдэурэ лъыпэ игъэкIыныр хьэл мыгъуэ зыхуэхъуауэ щыта властыр ириукIытэжу хуежьат а япэ ита «тхьэпэлъытэхэм» зэхащIыхьа щIэпхъаджагъэ къомым. Пэжщ, фэрыщIагъэшхуэм кIуэцIыгъэджэрэзат абы щыгъуи гъащIэм къызыпхива а пэж кIапэр, лейуэ зэрахьар зыхуэдизымкIэ заумысыжу ичрам къыщахьыжыну махуэм зэкIэ пэжыжьэт къэралым и «гублащхьэдэсхэр», ауэ, къэзыгъэзэжыр Тхьэм ещтэ, жыхуаIэм ещхьу, ари узыщыгуфIыкI хъуну Iуэхут.

Мыр адыгэм я закъуэ ягъэва хьэзабу зэрыщымытам, СССР къэралыгъуэшхуэм абы щыгъуэ ипсэухьа лъэпкъ псоми къанэ щымыIэу ахэр я нэгу зэрыщIэкIам хэти щыгъуазэщ, хэжыпIыхьын лъэпкъ къыпхуэмыгъуэтыжын жыхуаIэм хуэдизуи куэд дыдэ тратхыхьащ. Ауэ дэ, зэрыжытIащи, Iуэхугъуэ псоми дазэрытепсэлъыхьыр икIи дазэрытепсэлъыхьыну ди мурадыр адыгэ лъэпкъым и гъащIэм а Iуэхугъуэхэр зэрыкIуэцIрыкIам е нобэ зэрыщекIуэкIым елъытауэщ. Нэхъ къахэтхутыкIыну дызыхуейр а Iуэхугъуэхэм ящыщу ди лъэпкъ тхыдэм и нэпкъыжьэ зытелъхэрщ. Дэр-дэрурэ зэхуэтIуэтэжу, ди къэкIуэнум и хьэтыркIэ, дерс къызыхэтхын хуейуэ къэтлъытэ нэщэнэхэрщ.

Сыт хуэдэ нэщэнэхэ-тIэ мы дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэм апхуэдэу хэтлъагъуэхэр? Псом япэрауэ, нэм къыщIоуэ къэунэхуагъащIэу фIы куэд ищIэн мурадыр зиIа и лъэпкъ интеллигенцэр зэтеукIэжынымкIэ адрей лъэпкъхэм япэ адыгэр дызэрищар, абыкIэ план гуэр ттелъауэ щытмэ, а планыр щIигъуу зэрыдгъэзэщIар.

Мыр дызыхуэпсэлъэжыныр тфIэфIрэ а хьэл Iейм жыдигъэIэу къащремыхъу зыгуэрхэм. Апхуэдэу къызыщыхъухэм зэрырагъапщэ етIощIанэ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм къызэщIэрыуауэ щыта адыгэ интеллигенцэм щыщу а «лIыукI зэпеуэм» къелауэ щытар зыхуэдизымрэ а Iуэхур дэ тхуэдэ адрей лъэпкъ цIыкIухэм я деж зэрыщекIуэкIамрэ. Бетэмал, сытым хуэдэ тхакIуэшхуэхэр,еджагъэшхуэхэр къахэкIынут абыхэм, сытым хуэдэ лъэпкъ интеллигенцэ нэгъэса къатепщIыкIынут! Хунагъэсахэкъым. ЯхуэукIыр яукIри, къэнахэр ягу къикIэзызыкI зэпыту ягъэпсэуащ. Ещхьыркъэпсу, нэхъапэIуэкIэ тхаухъуэнщIыкIауэ щытащ лъэпкъым куцI нэхъ зиIэу яхэта пщыхэмрэ уэркъхэмрэ. Я зэман елъытауэ, я Iуэху ехьэлIауэ щIэныгъэфI зиIэ куэд зыхэта ди муслъымэн динырылажьэхэри къанэ щIагъуэ щымыIэ жыхуаIэм хуэдэу зэтраукIащ а зэманым.

Апхуэдэ статистикэ зэхуэтхьэсащ, жытIэу пцIы тхуэупсынукъым, ауэ нэрыгъуазэрэ гурыгъуазэкIи IупщI мэхъу лъэпкъым къыхэпэжыкIауэ щытахэр хэгъэкъэбзыкIынымкIэ адыгэм, нэхъ щабэу зыхужытIэжынщи, тлъэкI къызэрыдмыгъэнар, адрей лъэпкъхэм зедгъапщэурэ дызэхуеплъмэ, абыхэм яIэщIэкIахэмрэ дэ зыIэщIэдмыгъэкIахэмрэ зэпэббжмэ, узэрыгушхуэ мыхъуну бжьыпэр дэ тIыгъагъэнкIэ зэрыхъунур, пыIэр пхьымэ зэфIэкIыну щыщытахэм щыгъуи адыгэщхьэ яхуэзыхьа куэд абы щыгъуэ къызэрытхэкIар.

Мис абыкIи гукъанэшхуэ хуэтщI хъунущ етIощIанэ лIэщIыгъуэм – ди лъэпкъ менталитетым и нэщэнэу щымыта апхуэдэ щэн Iейхэр къызэрытхилъхьамкIэ.

«Адыгэхэр хэт нэхъри нэхъ лIыхъужьщ, нэхъ губзыгъэщ…» жызыIэрэ эпитет тэфэтелэхэр ди лъэпкъыцIэм пызыгъэувэ гуэрхэм я телъхьэу сэ зэи сыщытакъым. ИкIи дынэхъыфIкъым. ИкIи дынэхъыкIэкъым. Псоми дахуэдэщ. Ди щхьэ пщIэ хуэтщIыжыфурэ адэкIи дыпсэумэ, ди лъэпкъыцIэ дыщIыблэхъуэпсыкIын щхьэусыгъуэ щымыIэу Тхьэм дыкъигъэщIащ, узэпэгэкI мыхъун тхыди диIэщ.

Ауэ мыри хьэкъщ: лъэпкъ къэскIэ иIэжщ езым и къекIуэкIыкIэ. Мис а къекIуэкIыкIэм хуэм-хуэмурэ къыхохъукI «лъэпкъ психологие» жыхуаIэжыр. Ар ауэ сытми псэлъафэ къызэрыгуэкIкъым – щIэныгъэм къабыл ищIауэ щыIэ гуэрщ. НтIэ, шэч зыхэмылъыжращи, илъэс мин бжыгъэр зи ныбжь а ди лъэпкъ психологием и нэщэнэу зэи щытагъэнукъым жасусыгъэр, бзэгузехьэу, Iужажэу, кIуэрдэкIуашэу щытыныр, зыгуэрым кIэрымылъ пцIы кIэрылъхьэныр, цIыху хей гъэкIуэдыныр.

Унагъуэ психологием нэхърэ, жылагъуэ психологиер нэхъ щытепщэу щыта адыгэ гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи апхуэдэ хьэл Iейхэр, мыхъумыщIэ щытыкIэхэр Iумпэм ищIт, и IуэрыIуатэм щIэблэр хуигъасэрт дуней тетыкIэ щыпкъэм. Ауэ щыпкъагъэм зыкIи емызэгъ мо хьэл Iейхэр, адрей лъэпкъхэми хуэдэу, илъэсипщI бжыгъэкIэрэ адыгэхэм къытхипщащ узыхуехъуэпсэкIыж хъун гуэрхэри зыдэтлъэгъуауэ жыхуэтIэ а системэ щымыIэжым.

Щхьэгъусэр щхьэгъусэм кIэщIэтхыхьыжу, шыпхъум шыпхъур иригъэубыду, къуэм адэр дригъэпхъуэту, къуэшым и къуэшыр иригъэукIыжу куэдрэ къэхъут. Тхьэм и шыкуркIэ, ар дыдэм нагъэсауэ щыта си гугъэкъым адыгэхэм, ауэ ныбжьэгъур, гъунэгъур, лэжьэгъур, къуажэгъур, лъэпкъэгъур щэжынымкIэ дэри къыттенаIакъым абы щыгъуэ.

ЦIыху гъэкIуэдыныр къэрал политикэ хъуати, властым и унафэкIэ зыгуэрым пцIы кIэрыплъхьэным лIыгъэ халъагъуэу щIадзат. Ар властым узэрыхуэпэжым и зы дамыгъэти, «хьэуэ» къыхэбгъэкIмэ, уэ езыр уезыгъэукIын гъунэжт… ЖыпIэнуракъэ, лIыукI политикэм дежьу пцIы дэтхэнэми и уасэр лъагэт, пэж жыпIэныр псэзэпылъхьэпIэти, абы текIуадэхэр ялъагъуху, зызэхуашэурэ, пэж жыIэным зыщагъэужыпат.

ТIэкIу щIэгъэщхъуэIуауэ дыпсэлъа зи гугъэхэр а зэман дызытепсэлъыхьам и тхыдэ пэжым фыхэплъи, нобэрей ди хьэл-щэнхэм дакIэлъывгъэплъыж.

Псом япэрауэ, пцIы упсыныр хабзэ зыхуэхъуахэр ди мащIэу пхужыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Тхьэ гъэпцIыныр нэрыгъ зыхуэхъуахэр куэдщи, дэтхэнэ пцIыри Алыхьым и цIэ лъагэмкIэ щIагъэбыдэ. Зэхуэпсэлъэныр, зэфыгъуэныр, зэижыныр куэд дыдэм я лъым хыхьащи, мыпхуэдэу Iуэхум уемыгупсысын плъэкIкъым: насып диIэмэ, етIощIанэ лIэщIыгъуэм и 30-40 гъэхэм щыIа лIыукI политикэм зэи къигъэзэжынкъым, армыхъуамэ, зэбушт сщIэркъыми, хуит зэхуэпщIмэ, зэрышхыжыну, зэрыщIэтIэжыну сыту куэд къытхэт иджыпсту… Тхьэм сыщыуэу къыщIигъэкI.

Нэщэнэ нэхъыщхьэ

         Анэдэлъхубзэр лъэпкъыр лъэпкъ зыщI нэщэнэ нэхъыщхьэу зэрыщытым утепсэлъыхьыныр лейщ, ауэ а ди нэщэнэ нэхъыщхьэм дызэрыхущытымрэ езым и щытыкIэмрэ пIалъэ-пIалъэкIэрэ тепсэлъыхьыпхъэщ, а Iуэхур, мыбгъунлъэу, и пэкIэ кIуэтэным щхьэкIэ.

ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм къриубыдэу сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр ди анэдэлъхубзэм и нэгу щIэкIа, жыпIэу узэупщIыжрэ абы и лъэныкъуэ псори къызэщIэзыкъуэ жэуап нэгъэса ептыну ухуежьэмэ, зы мыхъуу, тхылъ зыбжанэ къитэджыкIыну къыщIэкIынт а упщIэм. Апхуэдэм тегушхуэн щIэныгъэлI Тхьэм къытхуигъэунэху, ауэ кIэщI дыдэу а Iуэхум тепсэлъыхьыну хуейми къыщыщIидзапхъэр мырауэ къыщIэкIынущ: а зэманым къриубыдэу адыгэбзэр ефIэкIуауи екIэкIуауи жыпIэ щIэхъун щхьэусыгъуэхэр щыIэщ.

Ауэ щыхъукIэ, нэхъапэ идгъэщынщ ехъулIэныгъэхэр. Псалъэм папщIэ, тхыбзэ диIэ зэрыхъуар. ДиIауи къыщIэкIынущ дэ а тхыбзэр адэ-адэ ижь-ижьыж зэманхэм щыгъуи, ауэ абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэмрэ ар диIауэ къыщIэкIыным дызэрыщIэхъуэпсымрэ зэпэбгъэшэчамэ, хъуэпсапIэр куэдкIэ нэхъ хьэлъэу къыщIэкIынкIэ хъунут.

ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэми псэуащ лъэпкъым щIэныгъэр хэпщэным теухуауэ жэрдэм хъарзынэ зыщIа цIыхухэр, ди бзэм алфавит къыхуэзыгупсысахэр, абыхэм иритхахэр, ауэ лъэпкъым (Хэкужьым къинахэм) зэлъащIыса тхыбзэ щыдгъуэтар, пцIы сыт щхьэкIэ дыхуей, нэхъ иужьыIуэкIэщ, нобэ куэд зыхущIэбжэ революцэм кърикIуа «псэукIэщIэм» и Iэужьхэм ари ящыщщ.

ДыщIыхуэмыарэзырэ дагъуэу куэд иIэщ ноби а ди тхыбзэм, ауэ илъэс 40-50 хуэдэкIэ узэIэбэкIыжу абы щыгъуэ зэрытхэу щытам нобэрей адыгэ тхыгъэр ебгъапщэурэ тхьэхужыIэу жыпIэмэ, иджыпсту куэдкIэ нэхъ Iэрыхуэ, укъэбза, узэщIа хъуащ ар, ди тхыбзэр.

ЕджапIэхэм ди анэдэлъхубзэр щадж зэрыхъуар-щэ? Лъэпкъ литературэ, анэдэлъхубзэм ирилажьэ прессэ, театр диIэ зэрыхъуар-щэ? Адыгэбзэм и Iуэхугъуэхэр дунейпсо утыкум изыхьэф бзэщIэныгъэрэ щIэныгъэлIхэмрэ зэрыдгъуэтар-щэ? Ахэм уримыгуфIэу щхьэдэбгъэIухыныр, къемыкIум къыщымынэу, къемызэгъщ, ауэ…

Ауэ ягъэкIуэдыжа «псэукIэщIэм» фIы дыдэу щалъагъуу щыта пафосым дыщIытетын щхьэусыгъуэр нобэ щыIэжкъыми, мис абы утебэкъукIрэ Iуэхум нэгъуэщIынэкIэ уеплъмэ, уолъагъу анэдэлъхубзэм и Iуэхур ину екIэкIуауэ къыпщызыгъэхъу щхьэусыгъуэхэри, а дызыщыгуфIыкIхэм нэсу дыщызымыгъэгуфIыкI ныкъусаныгъэхэри зэрыщыIэр.

Къытедгъэзэжынщи, ди тхыбзэр къыщежьамрэ нобэ здынэсамрэ зэплъытмэ, – зыужьыныгъэр нэрылъагъущ, ауэ зэдывгъэгъапщэт а тхыбзэр къежьэн япэ лъэпкъым Iурылъа адыгэбзэмрэ нобэ куэдыр дызэрыпсалъэ адыгэбзэ ныкъуэфэкъуэмрэ. Сыту сыхуейт а лъэныкъуэмкIи дефIэкIуауэ жысIэну, ауэ ди къалэхэми ди къуажэхэми ущызыщIэдэIукIыу а зэхэпхахэм уахэгупсысыхьыжа нэужь, нэщхъей укъэмыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хамэ псалъэхэр къызыхэмылъэлъ, хамэ псалъэуха гъэпсыкIэхэр къызыхэмыпIиикI адыгэбзэ нэс зыIурылъ тхэмытыжу къыпщохъу, нэхъыщIэIуэхэр дэнэ къэна, нобэ зи нэхъыжьыгъуэхэми. Адыгэбзэр, зэрыжаIэщи, моуэ шэщIауэ, и зыгъэзэкIэхэр гъэщIэгъуэныщэрэ дэтхэнэ гупсысэми тынш дыдэу дэкIэрахъуэу, псалъэуха ухуэкIэ щапхъэхэр, хамэбзэхэкIыу щымыту, илъэс мин бжыгъэкIэрэ езы анэдэлъхубзэм къигъэщIыжа хабзэхэм тету ухуауэ – апхуэдэ адыгэбзэ нобэ къыщыбгъуэтынур, ди жагъуэ зэрыхъущи, IуэрыIуатэ тхыгъэхэм я закъуэщ. Пэжщ, IуэрыIуатэ тхыгъэу нобэ къэтлъытэхэми куэд яхэтщ хамэбзэкIэ гупсысэу есагъэххэ гуэрхэм къратхыкIыжауэ щытахэр, н.ж. – зэIагъэхьахэр. Ауэ, Тхьэм и шыкуркIэ, нэхъыбэм щыхъума хъуауэ къыщIэкIынущ адыгэбзэ нэгъэсам и хабзэхэр, и нэщэнэхэр, и псалъэ, псалъэуха гъэпсыкIэхэр. Апхуэдэхэм, псом япэрауэ, яхэббжэ хъуну ди гугъэщ усэбзэ щапхъэм къихъума пшыналъэхэр, уэрэдыжьхэр, адыгэ рифмэ гъэпсыкIэ зиIэ псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, н. Хамэбзэ калькэ, клише сыт хуэдэхэр хэмытрэ, моуэ, ущызэкIэщIэплъ жыхуаIэм хуэдэу теубгъуауэ адыгэбзэр къагъэсэбэпу зэрыщытам и щапхъэщ ди ужьрей джэгуакIуэхэу Агънокъуэ Лашэ, Мыжей Сэхьид, ахэм зыгуэрхэмкIэ къащхьэщыкIми, нэхъыщхьэмкIэ къагуэхыгъуей ПащIэ Бэчмырзэ сымэ я бзэхэри.

Гуауэр бзэм зэрызихъуэжыракъым, – зызымыхъуэж бзэ щыIэкъым, щыIэнкIи хъунукъым, зэрекIуэкIыпхъэм тетурэ екIуэкIмэ, – ар фIы дыдэщ. Гуауэр илъэс мин бжыгъэхэр нэпкъыжьэу зытелъ ди псалъэ, псалъэуха ухуэкIэ хабзэхэр IэщIыб тщIыуэрэ, хамэ щапхъэхэм ди бзэр зэридгъэзагъэрщ. Къыхыхьэ хамэ псалъэхэр, псэлъафэхэр ди бзэм хэдгъэзэгъэну, а къызыхыхьам и хабзэхэм задедгъэщIыну, и теплъэр едгъэгъуэтыну дызэрыхэмытырщ. Анэдэлъхубзэр гъэхуауэ зымыщIэхэм, абы и зэфIэкIыр здынэсым щымыгъуазэхэм я бзэ къэухьыр хуэм-хуэмурэ ди бзэми ди тхыбзэми щапхъэ зэрахуэхъурщ («зэрахуэхъуарщ» жытIэмэ, мынэхъ пэжу пIэрэ?).

Мы щыщIагъэм сэ сыхуэхейщ, жызыIэфын щыIэу си фIэщ хъуркъым, абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр мы ди тхыгъэми зэрыхэтым шэч къытесхьэркъым, ауэ щыхъукIэ, тIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэр а лъэныкъуэмкIэ зэгупсысыжыпхъэ куэд блэкIа лIэщIыгъуэм къызэрыщIэнам шэч хэлъкъым.

ХамэкIутIу

         ТIэкIу тхьэкIумэм еуэ псалъэщ мыр. «ИбогъэлеиIуэ» къытхужаIэнкIэ гурыщхъуэ дэзыгъэщI псалъэ «къыгуэудащ». Ауэ гур зэрыгъу Iуэху ущрипсалъэм деж, апхуэдэ псалъэ хуэшэешалIэхэм къапэпкIухьыфкъым…

Аращи, мы псалъэр зыкъомкIэ хуэкIуэу къысщохъу сэ адыгэм ди къекIуэкIыкIам, дызэрызэхущытыжым, ди дуней тетыкIэм, ди лъэпкъ хьэл-щэным, нобэ зэрыжаIэм нэхъ тету жытIэнщи, – ди лъэпкъ менталитетым.

И лъэпкъ хуэпсэлъэжыну зыфIэфIхэм занщIэу дахэвмыбжэным щхьэкIэ, а псалъэ гуемыIум едгъапщэурэ дривгъэплъэжыт адыгэм ди тхыдэ гъуэгуанэм. Тхыдэм и пшагъуэпшатIэхэм дыхэмыхьащэурэ. IупщI хъууэ къабыл тщыхъуа лIэщIыгъуэхэм нэхъ дыкъыщыувыIэурэ…

Псалъэм папщIэ къэтщтэнщи, илъэсищэ бжыгъэкIэ Мысыр къэралыгъуэжьым и тепщэу щытауэ жаIэ адыгэхэр…

Урысей къэралыгъуэшхуэм и пащтыхь бжаблэм уей-уей щыжрагъэIэу адыгэ куэд зэман кIыхь дыдэкIэ зэритам шэч къытезыхьэ тхыдэтх нобэ къэгъуэтыгъуейщ…

Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и бжаблэми фIэлIыкIышхуэ зиIэ адыгэ куэд щыпэкIуащ…

СощIэ, фIы дыдэу сощIэ мы иджыпсту жысIэнур къысхуэзымыгъэдэхэн куэд зэрыщыIэнур, ауэ, тхьэхужыIэу жытIэнщи, биологие, генеологие и лъэныкъуэкIэ дазэрепхам дримыпэгэнумэ, «Флъагъурэ мы дэ къытхэкIыфахэр!» жытIэурэ я цIэхэр дымыгъэпIиинумэ (абыкIэ къызытеднэIауэ си гугъэкъым), дэ абыхэм хэхауэ дащIригушхуэн щыIэу къысхуэщIэркъым.

Хьэуэ, зы лъэныкъуэкIэ уакъыщеплъмэ, уаригушхуи хъунущ, даригушхуэни хуейщ абыхэм, моуэ лъынтхуэу диIэр зэхуэткъусурэ зетпщытмэ, дунейпсо цивилизацэм дызэрыхэувэн Iуэхугъуэ гуэрхэр зэрытхузэфIэхын зэфIэкI диIэу Тхьэм дыкъызэригъэщIам щыхьэт техъуэ щапхъэхэу зэрыщыт къудейм щхьэкIэ, ауэ… Ауэ «Адыгэр лъэпкъщ» зыхужедгъэIэфу дунейм дытетыным щхьэкIэ тщIэн хуей псом ахэр пэуву, зэрихъуэкIыу къытщыхъуу щIэддзэрэ (щIэдмыдзауэ пIэрэ?) абы зедгъэсэжыпэмэ, ди тхыдэбжэр а хьэлым тхузэхуищIыжынкIэ хъунущ дэ…

Дызыхуэмей, яхужытIэну къытIурыблахэм щыхьэт темыхъуэ, зэран хуэхъу лъэныкъуэхэр къэдгъанэм, дызыхуей лъэныкъуэхэр къыхэдгъэкъэбзыкIыурэ, дэ датолъэщIыхьри дыщысщ, пшахъуавэм зыщIифа псынэ цIыкIухэм ещхьу, хамэ лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжа а цIыхухэм я цIэхэм, ахэм зэгуэр зэреджэу щыта «черкес» псалъэм. Ауэ, сыт хуэдизу ахэр дгъэлъэпIэну дыхуэмеями, пэжыр пэжу къонэж: яхэтами, закъуэтIакъуэххэщ зыхэкIа лъэпкъым фIыкIэ къыхуеплъэкIыжауэ, зыгуэркIэ сэбэп къыхуэхъуауэ, нэхъ псэукIэфIым, зэхэтыкIэфIым адыгэр хуашэным щIэхъуэпсауэ, шэч къызытехьэгъуей дыдэращи, – хущIэкъуауэ ахэм яхэтар. Ар нэсу къызыхэбджыкIыжыфын тхыдэ тха димыIэ пэтми, адыгэм ди хамэкIутIу хьэлыр жыжьэ дыдэ къыщежьэу къыщIэкIынущ дэ, ауэ мы зи гугъу тщIа лъэхъэнэхэр, щапхъэхэр IупщIу щыхьэт тохъуэ хэку идеал и лъэныкъуэкIэ метраполие зимыIэ е ар къизымыдзэ лъэпкъ хьэлым зедгъэужьурэ адыгэр дыкъызэрекIуэкIар.

А хьэлым и зы нэщэнэу къыщIэкIынущ адыгэр дыкъыщыхъуа, ижь-ижьыж лъандэрэ дыщыпсэуа щIыпIэхэм дазэреджэ фIэщыгъэцIэхэр: я нэхъыбэр хамэбзэхэм къахэкIа псалъэхэщи, кIуэаракъэ, хамэ фIэщыгъэцIэхэр зэхуэхьэсынымкIэ конкурсышхуэхэр ирагъэкIуэкIыу щытауэ къыпщохъу пасэрей адыгэхэм.

ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм къигъэщIауэ нобэрей адыгэхэм къыддекIуэкI къуажэцIэхэр-щэ: Каменномост, Курп, Куба-Тэбэ, Старэ Шэрэдж, Нижнэ Шэрэдж, Акъбащ, Джэрмэншык, Псыгуэнсу, Лашынкъей, Светловодск, Тамбовкэ… Ярэби, а адыгэ къуажэхэм я цIэхэр щыфIащым сыт зэгупсысар ахэр къыхэзыхахэр? Си фIэщ хъуркъым абы егъэзыгъэ хэлъауи ахэр къыхэзыхахэм я нэхъыбэри я нэхъыщхьэхэри адыгэу щымытауи.

Нобэрей ди къулеижьхэм я тыкуэнхэм, IуэхущIапIэхэм, лэжьапIэхэм ират фIэщыгъэцIэхэр-щэ? Абыи шэч къытесхьэжурэ жызоIэ, ауэ, къахэбгъуатэми, миным хуэзэу зы адыгэ псалъэ къахэбгъуэтэнкIэри хъунщ абыхэм.

Ди шхыныгъуэхэр-щэ? Налшык къалэр зэрыщыту къызэхэкIухьи, адыгэ шхыныгъуэ дощI е дощэ жиIэу тету зы шхапIэ бгъуэтынукъым. «Осетин пирог», «балъкъэр хъыршын», «ермэлы щIакхъуэ», «куржы, узбек лаваш», «тырку IэфIыкIэхэр»… ЖыпIэнуракъэ, псори щащI, ахъшэ уиIэмэ, псори щащэ, ауэ адыгэ шхыныгъуэ гуэрым и цIэ тету зыщIыпIи щыплъагъуркъым. КIуэаракъэ, нартыху бзий тшхыуэрэ адыгэр нобэм дыкъэсами ярейщ. АтIэми, адыгэм ди лъэпкъ пщэфIапIэм нэхъ къулейрэ къунымэбжьынымейр нэхъ къызыщIихрэ къэгъуэтыгъуейщ жыхуаIэм хуэдэщ. ПщIы бжыгъэурэкъым, щэ бжыгъэурэщ къызэрабжыр адыгэ шхыныгъуэхэр.

ХамэкIутIу хьэлыр апхуэдизкIэ адыгэм ди лъым къыхыхьауэ хэтщи, гу лъыдмытэурэ щIыпIэ куэдымкIэ къыщызэпхев.

Узытепсэлъыхьышхуэн хуэдизуи щыткъым мы жытIэнур, ауэ хамэкIутIу хьэлым и зы нэщэнэ наIуэщи, ахэри щапхъэу къэтхьынщ. Иджырей адыгэу зызылъытэжым гуп щыхэсым деж мыпхуэдэу жиIэныр фIэщхъугъуейщ: «Ди тхьэмадэм девгъэупщIыт». Пасэрей адыгафэ зарыримыгъэплъыным щхьэкIэ, абы зэрыжиIэнкIэ хъунур мыпхуэдэущ: «Ди тхьэмэдам и цIэкIэ»… Иужьрей пычыгъуэр хуабжьу хэIэтыкIарэ моуэ адыгэбзи хуэдэу, ауэ хамэм зэрыжаIэм нэхъ тещIыхьауэ. Е, псалъэм папщIэ, «Тузлыкъу къэфхьыт, тузлыкъу!» жаIэу куэдрэ зэхыбох «бжьыныху шыпсым» нэхърэ нэхъ фирменнэ фIэщыгъэцIэу къалъытэу.

ЗэрыжытIауэ, ди гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым щыплъагъунущ адыгэм ди хамэкIутIу хьэлыр. Абыхэм ящыщ зыщ нобэ апхуэдэ зэфIэкI зиIэу лэжьапIэ IэнатIэ зытыфхэм (Iыхьлы-благъэу щымытмэ) Iэмал зэриIэкIэ я лъэпкъэгъухэм зыпыIуадзу къызэрыпщыхъур, нэхъ пщIэ зиIэ икIи нэхъыфIу къызыпыкI IэнатIэхэр щагуэшым деж, ди лъэпкъэгъухэм яблэIэбыкIыным лIыгъи Iущыгъи халъагъуэ зэрыхъуар. Тхьэм жимыIэкIэ, нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIам апхуэдэ Iуэху и лъэныкъуэкIэ и губгъэн къэхьын хуейуэ сэ къэслъытэу аракъым, – абыкIэ псори зэхуэгъэдэн хуейщ. Хуейщ, ауэ – уи лъэпкъэгъухэри ахэм яхэту. ХамэкIутIу хьэлым и зы щапхъэ наIуэщ уи лъэпкъэгъухэр нэхъ ебгух зэпыту ущытыным интернационализм нэс куэдым халъагъуэ зэрыхъуар. Мис а интернационализм нэпцIри и Iэужьу жыпIэ хъунущ хамэкIутIу хьэлым политикэ фащэ щыщыттIэгъа етIощIанэ лIэщIыгъуэр.

ТхьэмыщкIэфI щыIэкъым

         «ТхьэмыщкIэфI щыIэкъым», «ТхьэмыщкIэр лъагъугъуейщ». Дыхуей-дыхуэмейми, апхуэдэ псалъэжьхэр диIэщ адыгэм. Мыбыхэм япэу сащрихьэлIауэ щытар ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым псалъалъэ зэхэлъхьэным тегъэпсыхьауэ щыIэ картотекэращ. Картотекэм щыщу псалъэм хамыгъэхьа щапхъэхэр щызэхэддзыжым къыспэщIэхуауэ щытагъащ. ХагъэхьэнкIи Iэмал иIэтэкъым абы щыгъуэ псалъалъэм ахэр, сыту жыпIэмэ цIыху цIыкIум къащхьэщыжыныр зи лъабжьэу къежьа идеологиер, а и къежьапIэм куэдкIэ епцIыжа пэтми, фэрыщIагъэшхуэм зэкIэ быдэу зэтриIыгъэт. ТхьэхужыIэу жыпIэнумэ, а идеологием лъабжьэ хуэхъуауэ щыта хъуэпсапIэр (дунейр жэнэту, цIыху псори зэхуэдэу щытыныр) игъащIэми гъащIэм къыдокIуэкI, ауэ, ирисондэджэрхэ мыхъумэ, зэи зыри и фIэщу, нэсу цIыху цIыкIум къыщхьэщыжакъым, къыщхьэщыжынуи хэтакъым.

А занщIэу къахэбгурыIукI мыхьэнэхэрауэ къыщIэкIынутэкъым пасэрей адыгэхэм мо зи гугъу тщIа псалъэжьхэм кърагъэкIыу щытар. Тхьэм ирещIи, мыхэр тхьэмыщкIэхэм зэращIэнакIэ, ахэр зэрагъэпуд псэлъафэхэтэкъым, – гукъанэ хэлъу, я щхьэр яфIэмыгъуэжу езы тхьэмыщкIэхэм, къулейсызхэм зыхужаIэж псалъэхэр къежьапIэ яхуэхъуауэ къыщIэкIынут.

АтIэми мы «ди зэманым и лIыхъужь» гуэрхэр нэсауэ си гугъэщ къикIуэти укIыти хэмылъу апхуэдэ псалъэ гурыуэхэр тхьэмыщкIэ ящIахэм щыхужаIэфыну щытыкIэм. Ари етIощIанэ лIэщIыгъуэм, зыми имыщIысу щытахэм псори яIэщIэлъ щIыныр зи лозунгыу къежьауэ щыта ди лIэщIыгъуэм, и нэщэнэщ.

Къулеягъэм, фIы мыхъумэ, Iейуэ зыри хэлъкъым, а къулеягъэр тхьэмыщкIагъэшхуэм къыхэлыдыкI IэпапIэу щымытмэ, зэгуэр къэуэнкIэ хъуну бампIэ Iуащхьэр яку дэтрэ гужьгъэжь зэтрихьахэр ягу зэхуилъу цIыхухэр лъэныкъуитI иримыщIыкIмэ, зы цIыху къулей хъуныр цIыхуищэхэр, цIыху минхэр къулейсыз щIыным и хэкIыпIэ закъуэу Iуэхур емыкIуэкIмэ, хьэрэмыгъэр, пцIырыпцIыр, хьэкIэпычагъэр мыхъумэ, Iущыгъэти, Iэзагъэти, емызэшыж лэжьэкIэти жыхуаIэхэр а къулеягъэхэм къежьапIэ яхуэмыхъуамэ.

Мыр ди къэралым цIыхуу исыр нобэ зэпрадзыжу зытепсэлъыхь, я зэгуэпхэмрэ бампIэхэмрэ къыщыпкIыным нэсауэ щIызэдауэ Iуэхугъуэщ, икIи хуабжьу гугъущ абыхэм жамыIарэ я акъыл здынэмысауэ а Iуэхум зыгуэр хэжыпIыхьыныр. Апхуэдэ муради диIэкъым дэ. Дэ дызыхуейр «къулей-къулейсыз» жыхуиIэ проблемэр ди лъэпкъым и гъащIэм зэрыщекIуэкIым, абы ди зэхэтыкIэ-зэхущытыкIэхэр зэрихъуэж щIыкIэхэм, а зэхъуэкIыныгъэхэм дызыхуашэнкIэ хъунухэм ди акъыл къызэрихькIэ кIэщIу дытепсэлъыхьыну аращ.

Псом япэу жытIэнщи, лъэпкъым зыхэпсэукIын, къызыхэгушхукIын мылъку бгъэдэмылъмэ, – ар лъэпкъ куцIыншэщ, апхуэдэ лъэпкъым икIуни щыIэкъым. Абы къыхэкIыуи зыкъомкIэ уригуфIэ хъуну ди гугъэщ, пыIэ хуабафэ къатемыуэу, адыгэхэми «ТекIуэр си хьэщ!» зыфIэпщ хъуну мы дызыхэт псэукIэм зэрызыхагъэзэгъам, Iыхьэншэ дыдэ зэрызамыщIам.

Хэти зэрыхуейуэ ирырегупсыс, ауэ ди къалащхьэм и уэрамхэм срикIуэу лъапсэ дахэ гуэр слъэгъуарэ «Ар зейр адыгэщ» жаIамэ, Iыхьэлейуэ си гуапэ мэхъу. Хъарзынэкъэ-тIэ ар?! «Пщэдей дауэ сыхъуну пIэрэ, си быным сыт езгъэшхынур, сыт ящыстIэгъэнур?» жаIэрэ тхьэмыщкIагъэм ихуза я псэм гузэвэгъуэр телъ зэпыту гъащIэр ирамыхьэкIыу, моуэ я гур утIыпщауэ зыхэпсэукIын, къызыхэгушхукIын мылъкурэ ахъшэрэ зи куэд адыгэхэр – пу-пу-пу! – ди мащIэкъым.

Къытыдогъэзэжри, – ар зы лъэныкъуэкIэ хуабжьу дызэрыгуфIэн хуей Iуэхущ. Ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ а Iуэхум укъыщеплъыжрэ «Ярэби, апхуэдэ псэукIэ зиIэр езыр хэт хъуну, апхуэдизыр зэрищIын, зэриухуэн мылъкурэ ахъшэрэ къызэриугъуея щIыкIэри дауэ, ди лъэпкъым и къэкIуэнур зэрыхъунумкIэ къалэн гуэр иIэу зыкъилъытэжу пIэрэ абы? жыпIэурэ узыкIэщIэупщIыкIмэ е узыщIэдэIукIмэ, зэхэпхынухэм хуэм-хуэмурэ ущIагъэупщIыIухьыжынкIэ хъунущ.

Хэтми сщIэжкъым, ауэ зы цIыху цIэрыIуэ гуэрым мыпхуэдэу жиIэгъащ: «Дэтхэнэ къулеягъэми и къежьапIэр фIеягъэщ». Ар зэпхьэлIэ мыхъун къулеягъэ щыIэкъым, жытIэу зыгуэрхэм я жагъуэ тщIыну дыхуейкъым. Тхьэм ирещIи, нобэрей къулеижьхэм яхэтынкIэри хъунщ зи мылъкум хьэрэм лъэпкъ хэмызэрыхьа цIыху гу къабзэ-щхьэ къабзэ гуэрхэри, ауэ… Ауэ, яхэтыпэуи дощIри, апхуэдэхэм гу ялъыптэжкъым, хьэрэмыр куэдыIуэ хъуауэ щыплъагъум деж. Уэ къыпхуэдэ дэнэ къэна, зы лъэныкъуэ гуэркIи уэ къыпхуэмыдизым и лъэгущIэтын ущыхъум деж. Къэзылъхуахэр хьэкIэпычу зэрыщымытым нэхъ лажьэ зимыIэ ди щIалэгъуалэм игъащIэм зи натIэ пщIэнтIэпс къемыкIуа, къулеягъэ хьэзырым къыхалъхуа унафэщI ныбжьыщIэ пагэ цIыкIу гуэрхэм зыхуагъэлъахъшэу, Iэпыдзлъэпыдз яхуэхъуным щхьэкIэ езыхэри зэрызекъуэрэ модрейхэми «Тежыр си хьэщ!» жыхуаIэу, зи кIэн къимыкIахэм я бынхэр «къызэдагъажэу», ягъэпуду, зэрыхуей ящIу щыплъагъум деж.

Зи псэукIэкIэ хуэмыщIа нэхъыжьыIуэхэр апхуэдэу Iуэхум еплъ, ялъагъухэм ирибампIэ щхьэкIэ, ахэм я бынхэр, нобэ зи тIроцэхэм я мылъкушхуэхэр къызэрежьа, зэрыбэгъуа щIыкIэхэм щымыгъуазэхэр, хэт ищIэрэ, Тхьэ Iэмырым зэреувалIэм ещхьу, зэгуэр арэзы техъуэнхэкIэри хъунщ апхуэдэ зэхущытыкIэм. (Темыхъуагъэхэхэу пIэрэ?). Хэт ищIэрэ, хьэрэм куэд зыхэлъ а нобэрей мылъкушхуэхэм дяпэкIэ къыхалъхуэнухэм къахэкIынкIэри хъунщ, дэ тхуэдэу, щIакхъуэ Iыхьэм телэжьэным гъащIэр щIытраухуэн икIи щIытраухэн щхьэусыгъуэ зимыIэу гу ихакIэ лъэпкъым, лъахэм, литературэм, щIэныгъэм, искусствэм хуэлэжьэфыну цIыхухэр. (Тхьэм жиIэ!) АтIэми, дэр хуэдэхэмкIэ, псори дызэхуэдэу къыджезыIэу щыта идеологием къыхалъхуа икIи хапIыкIа нэхъыжьыIуэхэм я дежкIэ, шэчыгъуафIэкъым гущIэгъуншэу узэщызыуд гъащIэ гупкIэм къызэрихутахэр, гъэпкIауэ жыхуаIэм хуэдэу къызэригъэнахэр. Зэрыпхъуэшхуэр щекIуэкIым щтэIэщтаблэ зэрыхъуам, «лэгъупышхуэм» екIуэлIапIэ зэрамыIам и зэранкIэ я бынхэри ахэм къащIэхъуэнухэри щIакхъуэ Iыхьэм щIэбэн зэпыту якIун хуей гъащIэ гъуэгуанэ гъуркIым зэрытрагъэувар. ИкIи щоуэ, хуабжьу щоуэ мыпхуэдэхэм я зэгуэпыр адыгэм къыддекIуэкIыу жытIэурэ куэдрэ зыщIэдгъэкъуэншэж фыгъуэнэдагъ къызэрыгуэкIым хэзыгъэзэрыхьхэр.

ЦIыху цIыкIум и зэгуэпыр нэхъ мащIи нэхъ гурыIуэгъуи хъуну къыщIэкIынут, Iуэхур зэрыщыт дыдэр къыгурагъаIуэу, Iэмал зимыIэжыххэм зэреувалIэм ещхьу, къэхъуам псэкIэ ирагъэувэлIауэ щытамэ. Ауэ Iуэхур зытет дыдэр цIыху цIыкIум иджыри къыгурымыIуэпауэ къыпщохъу, псэкIэ еувэлIэну зэрыхуэмейр къэплъытэмэ.

ЖыпIэнуракъэ, къулей-къулейсыз Iуэхум теухуауэ ухэплъэмэ, зэмыкIу-зэмыщхь защIэу зэхэлъщ мы дызэрыт зэманыр: тлъагъухэр дымылъагъу, зэхэтххэр зэхэдмых зытщIауэ, псори дызэхуэдэрэ псори ди зэхуэдэу къызыщыдгъэхъуну дыхэтщ иджыри. ЦIыху цIыкIум зэгуэр къыIурагъэблауэ щыта а хъуэпсапIэм диутIыпщкъым. КъытIэрымыхьэурэ тIэщIэкIыжа а щхьэгъэпцIэж дахэм и кIэмажьэр тIыгъыу къызыщыдогъэхъу… АрщхьэкIэ гъащIэм, псэукIэм, ахъшэ-бохъшэм дигуэшыжакIэщ дэ илъэс куэд и пэкIэ гуэшауэ дызэрыщытам ещхьыфэ гуэру. Щхьэж и «къыркъ илъ» елъытауэ диIэн хуей фIэщыгъэцIэхэр зэкIэ къытфIамыщыжауэ аркъудейщ. Ахъумэ ди хэхъуэхэмкIи ди хэхъуапIэхэмкIи, дыщыщахуэхэмкIи къытхуэщэхухэмкIи, дыщеджэхэмкIи дезыгъаджэхэмкIи, къыдэIэзэхэмкIи къызэрыдэIэзэ щIыкIэхэмкIи… псомкIи, псомкIи дигуэшыжащ щхьэзэрыфIэч гъащIэм… Къулейм мыкъулей благъэ ищIауэ плъагъужынукъым. Езыхэр зэрогъуэтыж икIи зэхурокъуж. Я хьэгъуэлIыгъуэхэри нэгъуэщIщ. Я хьэдэщIэлъхьэхэри нэгъуэщIщ… Тхьэм гуэныхь къытщимыщIкIэ абы дызэрытепсэлъыхьыр, ауэ псори зэхуэдэ дыщыхъужу жыхуаIэ кхъэхэми ахэм я статусыр щынэгъуэщIщ. БгъуагъкIэ къапщтэми. ЛъагагъкIэ къапщтэми. ТэрэфарагъкIэ къапщтэми.

Хэт ищIэрэ, ищхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, псори зэгуэр есэжынкIэри хъунщ апхуэдэ псэукIэми апхуэдэ гуэшыкIэми, ауэ узэрекъу хъуну псомкIи екъуу псэу цIыху цIыкIум дежкIэ тыншкъым мы илъагъу-ишэч псор иригъэндэрэхыныр. ЖыIэгъуэ ирамыгъахуэ щхьэкIэ, абы фIы дыдэу ещIэ икIи къыгуроIуэ нэмыукIытагъэкIэ бей хъуам и сом дэтхэнэми абы къылъысын хуея и Iыхьэ тIэкIу зэрыхэлъыр. Зы къулеижьым и псэукIэ егъэлеяр къулейсыз куэдыкIейм я «ерагъ» псэукIэхэм къыгуапIэскIукIа цIыкIу-цIыкIуурэ зэрызэхэлъыр.

А пэжыр хьэкъ ящыхъуным хуэхьэзырхэу щытамэ, мылъкушхуэ зиIэхэр зыщIигъэгупсысыжынт а Iуэхум. Замыумысыжыпэми, къагурыIуэнт жэуаплыныгъэ щIахьын хуей мыщхьэпэ куэд модэкIэ къыщана цIыху цIыкIухэм я гъащIэм зэрыхэлъыр икIи зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэми щIэныгъэми яIа пщIэр зэрамыIэжыр. ЦIыхугъэри адыгагъэри зэрехуэхар. Ди бзылъхугъэхэм я узыншагъэри я щыпкъагъэри бэзэрхэм зэрытекIуадэр. Унагъуэ пщIыныр хьэлъэ дыдэ зэрыхъуар. Зэрышэхэр зэрымащIэр. ЗэбгъэдэкIыжхэр зэрыкуэдыр. Къалъхум нэхърэ, лIэм я бжыгъэр зэрынэхъыбэр. Унагъуэхэм мамыр зэримылъыжыр. Жылагъуэхэм хабзэ зэрыдэмылъыжыр.

Едгъэлейуэ къащремыхъу, – ахэми, ахэм ещхь нэгъуэщI Iуэху мыщхьэпэ куэдми хэкIыпIэрэ къежьапIэрэ яхуэхъуар икIи яхуэхъур мис а зыкъомым я беягъэ егъэлеяхэм къагъэщIа къулейсызыгъэ инырщ. Зи сомыщхьитI зэтезымыгъэхуэфу къагъэна куэдыкIейм я къулейсызыгъэ егъэлеярщ.

Мы жысIэнумкIэ сыщыуэну сыхуейт, сыщыуэу Тхьэм къыщIигъэкI, ауэ нэхэм ялъагъухэмрэ тхьэкIумэхэм зэхаххэмрэ ятещIыхьауэ жыпIэмэ, зи къулеягъэм зи адыгагъэр дыхэхъуа адыгэ сэ срихьэлIакъым. Мис абыи куэдым урегъэгупсыс. Ари етIощIанэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм наIуэ къэхъуа нэщэнэщи, абыкIэ гу зылъызытэжу зыгъэзэкIуэжыфын лъэпкъ Тхьэм дищI.

Б. Утижев,

Народный писатель КБР

Related posts

Leave a Comment