Новости

Нэхъыбэжщ  къапэщылъыр

Дыгъэгъазэм и 14-м Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ Тыркум, Иорданием, Израилым, Сирием, Ливаным, Абхъазым, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.

 ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лIыкIуэхэр, министрхэр, Хасащхьэм хэтхэр, нэхъыжьыфIхэр.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ езым я фIэфIыныгъэкIэ адэжь хэкум къэкIуэжынухэм яхуэгъэпса къэрал программэр къызэрагъэсэбэпыфым, абы ди лъэпкъэгъухэм къарит Iэмалхэм. Апхуэдэуи зэпкърыхауэ и гугъу ящIащ къэбэрдей-шэрджэсыбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIауэ ялэжьхэмрэ япэ игъэщыпхъэхэмрэ. ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм иджыри зэ къапщытащ Сирием зауэ къызэрыщыхъейрэ хэкум къэзыгъэзэжа  ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зытетыр, ахэр зыIущIэ лъэпощхьэпохэмрэ абыхэм хэкIыпIэу къахуэбгъуэтыфынумрэ.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэхуэсахэм я пащхьэ ирилъхьащ иджыблагъэ дунейм къытехьа «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: къыкIэлъыкIуэ илъэсиплIыр.  2015 — 2019» тхылъыщIэр. Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Замирэрэ езымрэ ягъэхьэзыра тхылъ Iувым зи гугъу ящI пIалъэм къриубыдэу ДАХ-м зэфIигъэкIа, илэжьа Iуэху щхьэпэхэр, ар зыхэта дауэдапщэхэр, щIыналъэ Хасэхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ я зэфIэкIхэмрэ абы щызэхуэхьэсащ. Къэралым и унафэщIым, гъэзэщIакIуэ органхэм яхуэгъэзауэ Дунейпсо Адыгэ  Хасэм игъэхьэзыра дэфтэрхэри итщ абы. КъищынэмыщIауэ, тхылъым къыщывгъуэтынущ XVI лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Урысей къэралыгъуэм хуэлэжьа адыгэхэм я сурэтхэмрэ зэрахьа къулыкъухэмрэ.

2019 гъэм ДАХ-м илэжьа Iуэхухэр Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщызэщIикъуэжым жиIащ куэд зэфIагъэкIами, къапэщылъыр зэрынэхъыбэжыр.

— Мураду ищI псори зэзыгъэхъулIэфа зы цIыхуи, къэралыгъуи, IуэхущIапIи щыIэкъым. Дэри тхузэфIэкI къэдгъанэкъым икIи къыдэхъулIар нэхъыбэщ. Мы зэманкIэ къэралым ДАХ-м пщIэ къыхуещI, ар нэхъ иныж хъунуи дыщогугъ. Псом япэрауэ ар зи фIыщIэр мыбы хэт цIыху щэджащэхэмрэ щIыналъэ хасэхэмрэщ. АдэкIи дефIэкIуэну, IуэхуфIкIэ, лэжьыгъэ щхьэпэхэмкIэ гъэнщIа илъэсыщIэ дытехьэну сынывохъуэхъу, — захуигъэзащ Сэхъурокъуэм къызэхуэсахэм.

ЗэIущIэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъхэмрэ дамыгъэ нэхъыщхьэмкIэ щагъэлъэпIащ адыгэ Iуэхум илъэс куэд лъандэрэ хуэлажьэхэу — тхьэмадэ Iумахуэ ГуэбэщIыкI Владимир, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ, «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс Парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий (КъШР) сымэ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэм теухуа тхыгъэ убгъуа къыкIэлъыкIуэнущ.

Щомахуэ Залинэ.

Сурэтхэр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Related posts

Leave a Comment