ИЛЪЭСЫЩIЭ ХЪУЭХЪУ
ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ!
Си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Илъэсхэм я зэблэкIыгъуэр длэжьахэр къыщытпщытэж, къэкIуэнум худиIэ мурадхэр щыдубзыху зэманщ. Блэк1 2022 гъэр хэт дежкIи тыншу щытакъым. Ауэ а щытык1э гугъум емылъэтауэ, Хасащхьэм хэтхэмрэ ДАХ-м и къудамэу щIыналъэхэм щылажьэхэмрэ куэд зэфIагъэкIащ адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыжынымкIэ, ди хабзэр зехьэнымкIэ, щIалэгъуалэр абы хуэгъэIущынымкIэ, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм ехьэлIа проект гъэщIэгъуэнхэр гъэзэщIэнымкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди къуэшхэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ.
Дызэкъуэтмэ, длэжь Iуэхум дяпэкIи фIы куэд къыпэкIуэнущ. А фIыр зыхэлъыр ди хабзэмрэ бзэмрэ зегъэужьынырщ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм дэрэ зэгурыIуэныгъэрэ зэныбжьэгъугъэрэ ди зэхуаку дэлъынырщ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи адыгэу дунейм тетым сохъуэхъу узыншагъэрэ насыпрэ, зэIузэпэщыныгъэрэ зэпIэзэрытыныгъэрэ яIэну. Ди унагъуэхэм мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ илъыну Тхьэм жиIэ!
Зиужь зэпыту ирефIакIуэ ди адыгэ лъэпкъыр!
2023 ИлъэсыщIэр хэткIи ирехъу угъурлы!
Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.