Адыгэбзэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм украин лъэпкъым ЗЭРЫЗЫХУИГЪАЗЭР

Дэ, адыгэ (шэрджэс) лъэпкъым щыщхэр, икъукIэ дытогузэвыхь ди ныбжьэгъу украин лъэпкъым и къэкIуэнум.

Зэхэзэрыхьыныгъэр, лъагъумыхъуныгъэмрэ залымыгъэмрэ щытепщэ зэхэтыкIэм фыкIуэн шынагъуэр къыфщхьэщыхьащ фэ нобэ. Украинэм унафэр щаубыдыну яужь итщ зи нацист фIэщхъуныгъэхэр зыкIи щIэзымыуфэу утыку къизыхьэхэр, зэкъуэш лъэпкъхэм яку залымыгъэ дэлъхьэным къыхуезыджэхэр. Тхыдэм фыхуеплъэкIыжи, фигу къэвгъэкIыж Европэмрэ дунеймрэ щыпсэу лъэпкъхэр нацизмэм зыхуишауэ щытар. ЦIыхухэм яку лъагъумыхъуныгъэ къыдалъхьэныр яхуэвмыдэ, зы лъэпкъым адрейр игъэпудыныр къэвмыгъэхъу.

Зауэ дэнэ щыпIэ щемыкIуэкIми, абы и лей нэхъ зытехьэр зыкIи мыкъуаншэ цIыхухэрщ – цIыхубзхэрщ, зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, сабийхэрщ. ЦIыхухэр зэрыхэкIуадэр, зэхэкъутэныгъэхэр, илъэс бжыгъэкIэрэ лъэпкъхэм я гум имыкIыж гужьгъэжьыр, экономикэр, щэнхабзэр зэрехуэхыр – ахэращ узыхуашэр зауэ зэпэщIэтыныгъэхэм.

Зыгуэрхэм я гущIэгъуншагъэкIэ, щхьэхуещагъэкIэ граждан зауэм и толъкъунхэм хадза цIыхухэм ятелъ хьэзабыр псом хуэмыдэу куууэ зыхыдощIэ дэ. Нобэ апхуэдэ гузэвэгъуэм хэтщ Сирие Хьэрып Республикэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр икIи дэ IуэрыIуэтэжукъым дызэрыщыгъуазэр IэщэкIэ зэщIэузэда зэпэщIэтыныгъэм къихь насыпыншагъэм.

Дэ, Урысейми нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу шэрджэсхэм, ди фIэщ мэхъу сыт хуэдэ политикэ зэныкъуэкъури зэрызэфIэпх хъуну Iэмал закъуэр зэхудэпчыхыурэ мамыру узэпсэлъэныр арауэ зэрыщытыр. Аращ дэ Урысейм дэнэ къыщыхъу социально-политикэ зэныкъуэкъури дипломатием и IэмалхэмкIэ зэфIэхыным теухуа и Iуэху еплъыкIэр сыт щыгъуи щIыдэтIыгъыр.

Дэ шэч къытетхьэркъым къуэшзэрыукIым, лъэпкъхэм я зэхуаку къыдэхъуэ зауэхэм демократием узэрыхуамышэм. ЦIыхухэм насып къахуэплъыхъуэ хъунукъым, абыхэм я гъащIэр щIэпту.

КъухьэпIэм щыщу «фIыкIэ къыфхуэупсэхэм» я жыIэм фыщIэмыувэ, хэкупсэу зыкъыфщызыгъэхъу пашэхэм, цIы­хубэм я гурыгъу-гурыщIэхэр наIуэ къэзыщIу зыкъэзылъытэжхэм я IэмыщIэм зивмылъхьэ. Фызэкъуауду фымыдэ!

Фи лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI Iу­щыгъэр къэвгъэсэбэп, цIыхухэм я гъащIэмрэ я гугъапIэхэмрэ Iуэхур тефщIыхь – ахэр политикэ щытыкIэр зыхуэдэм елъытауэ зэи щытакъым.

Адрей къуэш лъэпкъхэми дащIыгъуу дэ жыдоIэ Украинэм и хэкупсэ нэсхэм дызэрателъхьэр.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

 

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Налшык къалэ, 2014 гъэ, гъатхэпэм и 7

Related posts

Leave a Comment