Мэздэгури адэжь щIыналъэм и зы къуапэщ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы хэлэжьыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Абхъазым, Сирием, Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. ЗэIущIэр махуищкIэ зэхэтащ, Iуэхугъуэ куэдым тепсэлъыхьащ, лэжьыгъэ нэхъыбэжи къызэщIиубыдащ. ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэсыр иублащ анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэным теухуа щIыналъэ щIэныгъэ зэхуэсымкIэ. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ЩIэныгъэ зэхуэсыпIэ хуитым кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэлIхэр, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и лэжьакIуэхэр, КъБР-м курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм анэдэлъхубзэр щезыгъэдж егъэджакIуэхэр,…
Дальше