Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и X-нэ Конгрессыр Бремен къалэм щекIуэкIащ
Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и X-нэ Конгрессыр мэзаем и 2-м Бремен къалэм щекIуэкIащ Хасэм и хабзэм тету, мазэ и пэкIэ, Конгрессым игъэзэщIэн хуей Iухугъуэхэр нахуэ къэзыщI, езыгъэблэгъэ тхылъхэр Хасащхьэм и тхьэмадэм яхуригъэхьащ Федерацэм къыхыхьэу Хаси I0-м я тхьэмадэхэм. Мэзаем и 2-м Конгрессым кърихьэлIа лIыкIуэхэр жыджэру хэлэжьыхьащ махуэ псом зэхэта зэхуэсым. Абы утыку кърихьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ: БлэкIа илъэситIым хасэм илэжьар къэпщытэжыныр. Хасэм и Уставым и Параграфи 4-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэныр. Европэ Адыгэ Хасащхьэм ( Федэрацэм) и тхьэмадэ хэхыныр. Хасэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан Конгрессыр къызэIуихри блэкIа илъэситIым хасэм илэжьахэм тепсэлъыхащ. Федэрацэр…
Дальше