Дунейпсо Адыгэ Хасэм ирегъэблагъэ
Иджыблагъэ Налшык тхьэмахуитIкIэ щыхьэщIащ Тыркум, Иорданием, Израилым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, мэздэгу адыгэхэм я щIэблэр. Ди республикэм и щIыпIэ дахэ куэдым я нэгу зыщрагъэужьащ, Iуэхугъуэ гукъинэжхэм хэтащ, адыгэбзэмкIэ дерсхэм щIэсащ сабийхэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий а ныбжьыщIэ 60-р «Трек» шхапIэм иригъэблагъэри, пшыхь дахэ хигъэтащ. Абы кърихьэлIащ икIи ныбжьыщIэхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым хэтхэу дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Борис, Хасэшхуэм и тхьэмадэу щытахэу Нэхущ Заурбийрэ Дзэмыхь Къасболэтрэ, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, нэгъуэщIхэри. — Фи адэжьхэм я…
Дальше