УзиIэу зыми семыфыгъуэ, узиIэу зыми семыижСи гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж, Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ, Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт, УзиIэу зыми семыфыгъуэ. УзиIэу зыми семыиж — АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр…
Адыгэ тхыбзэм и махуэм, Бемырзэ Мухьэдин и усэмкIэ къызэIуахам, теухуа зэIущIэр Iэтауэ щIалэгъуалэм Бахъсэн къалэ щрагъэкIуэкIащ. Гъатхэм и япэ дыгъэ бзийхэр къыщызыкъуих махуэ щIэращIэм Бахъсэн къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щызэхуэсырт зэIущIэр егъэкIуэкIыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуа щIалэгъуалэр. Адыгэбзэм и пщIэр Iэтыным, лъэпкъыбзэр зыIурылъ дэтхэнэми дахэу игъэшэрыуэным, абы зегъэужьыным теухуауэ псэлъэну щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэ Iэзэхэр кърагъэблэгъати, еджакIуэхэр темыпыIэжу пэплъэрт конференцым щIидзэным.
Адыгэбзэм и махуэр щаIэт а унэм и пэIущIэ пэшым щегъэувэкIат ди лъэпкъ прозаикхэм, усакIуэхэм, драматургхэм, публицистхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъхэр, пщащэхэм я IэпэIэсагъыр наIуэ щащIа, тхыпхъэщIыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыхэт хьэпшыпхэр, шхыныгъуэхэр, адыгэ унагъуэхэм къыщагъэсэбэпу щыта Iэмэпсымэхэр, хэкум, лъэпкъым, бзэм теухуауэ зэхуахьэсахэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къэкIуахэр щагъэгъуазэрт курыт школым щIэс ныбжьыщIэхэм, шэч хэмылъуи, къэIур гур хэзыгъахъуэ адыгэбзэ лъэщырт. ЗэIущIэм кърагъэблэгъащ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэщпакъ СулътIан, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къаздэхъу Олег, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Хъыжьрокъуэ СулътIан, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ Алокъуэ Ритэ, Бахъсэн къалэ дэт 4-нэ курыт школым и унафэщI Багъэтыр Маринэ, ДАХ-м и хэщIапIэу Налшык къалэ дэтым и унафэщI Мыкъуэжь Арсен, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым бзэмкIэ и комитетым хэт Ныбэжь Таисэ, «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм и тхьэмадэ IутIыж Мэжид, щIэныгъэлIхэр, адыгэбзэр ипэкIэ гъэкIуэтэным зи гуащIэ хэзылъхьэ, районым ис нэхъыжьыфIхэр, егъэджакIуэхэр, еджапIэхэм я унафэщIхэр. Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Хьэщпакъ СулътIан. ИкIи къыхигъэщащ гъатхэпэм и пэщIэдзэм щIалэгъуалэм Iуэху дахэ къызэрырахьэжьар, адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыным, лъэпкъ Iуэхур гъэкIуэтэным теухуа я сыт хуэдэ жэрдэмри администрацэм ядиIыгъыну зэрыхьэзырыр. «Дэтхэнэ зыми и къежьапIэр къызыхэкIа унагъуэрщ, абы купщIэ хуэхъужыр лъэпкъыбзэр аращи, адыгэ хабзэ щызекIуэ, адыгэбзэ щыIу унагъуэхэм фэ фхуэдэ щIалэгъуалэ къихъуэмэ, си фIэщ мэхъу ди адыгэбзэр зэрымыкIуэдыжынури, ди адыгэпсэр зэрыхэмыкIынури», – жиIащ СулътIан. АдэкIэ утыкум кърагъэблэгъа Хъыжьрокъуэ СулътIан жиIащ лъэпкъым и къекIуэкIыкIэм иригузавэу мы Iуэхур къызэзыгъэпэщар щIалэгъуалэр зэрыарар и гуапэ зэрыхъур. Бахъсэн къалэм, районым щызэхэт щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр республикэ псом щапхъэ зэрыщыхъур, сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру иужь зэрихьэр, зэфIэкI хъарзынэ зэраIэр къилъытащ министрым икIи адыгэбзэр хъумэным дяпэкIи я гуащIэ халъхьэну, я къежьапIэр ящымыгъупщэну щIалэгъуалэр къыхуриджащ. — 1911 гъэм Истамбыл «Гъуазэ» лъэпкъ газетыр къыщыдэкIыу щIидзащ. Абы и редакторт Бахъсэн щыщ узэщIакIуэ ЦIагъуэ Нурий, – жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. – Нурий адэжь щIыналъэм къигъэзэжри, «Адыгэ макъ» зыфIища газетыр Бахъсэн къыщыдигъэкIыу зэтриублащ. Ар къежьапIэ хуэхъуащ сэ нобэ сыщылажьэ «Адыгэ псалъэм». ФIыщIэшхуэ фхузощI бахъсэндэсхэми мы Iуэхур къезыхьэжьа щIалэгъуалэми. Адыгэ тхыбзэм и махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэлъапIэрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ аращ, ауэ нэхъ къалэн мащIэ имыIэу КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, «Адыгэ псалъэ» газетым, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм илъэс 12 хъуауэ ирагъэкIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, ар Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, ди къуэш балъкъэрхэми, бзэр хъумэнымкIэ IэмалыфIу къалъытауэ, къыддаIыгъ. — Дунейм бзэуэ миних тетщ, – пищащ адэкIэ ХьэфIыцIэм, – абыхэм ящыщу мазитI къэс зы бзэ мэкIуэдыж. Мис а бжыгъэ шынагъуэм ди анэдэлъхубзэр хэмыхуэн папщIэ, лъэпкъым и къару псори ирихьэлIэн хуейщ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным. АбыкIэ щIалэгъуалэр дэIэпыкъуэгъуфI зэрыхъунур нобэ ди нэгу щIэкIащ. Бзэр щыIэху лъэпкъри щыIэнущ, адыгэр щыIэху адыгэбзэри кIуэдын хуейкъым. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд бысымхэм яхуишащ 2012 гъэм и лъэпкъ махуэгъэпсыр, и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» тхылъыр, езы журналистым, публицистым, жылагъуэ лэжьакIуэм теухуауэ иджыблагъэ къыдэкIа тхылъыр. Ахэр тыгъэ хуащIащ Бахъсэн ЩIалэгъуалэ администрацэмрэ советымрэ хэт, зэIущIэр къызэгъэпэщыным хэлIыфIыхьа ныбжьыщIэхэм. АдэкIэ псалъэ зрата, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор БищIо Борис жиIащ адыгэбзэр Iуху, къыдэкIуэтей щIэблэм яIурылъыху зэрымыкIуэдыжынур. — Сыт хуэдэ мыхьэнэ игъэзэщIэн хуей бзэм, ар дунейм тетын папщIэ? Абы цIыхухэр иризэпсалъэу, еджапIэхэм щреджэу, радиом, телевиденэм щрипсалъэу, газет, журнал, тхылъхэр къридэкIыу щытын хуейщ, – къыхигъэщащ БищIом. – А псори иджыпсту дэ диIэщ, ауэ бзэм нэхъри зегъэужьын папщIэ щыIэ хэкIыпIэхэр къэгъуэтын хуейщ. Мис ахэращ ди институтым щекIуэкI лэжьыгъэхэр зыхуэгъэпсар. Ауэ институтым и мызакъуэу, ди республикэм анэдэлъхубзэм хуищI гулъытэм нэхъри зригъэубгъун хуейуэ собж сэ. Ар къэралыбзэу къалъыта щхьэкIэ, абы игъэзэщIэн хуей къалэнхэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, гулъытэншэу къонэ. Сэ щIалэгъуалэр къыхузоджэ адыгэбзэм пщIэ хуащIыну, нэхъыбэрэ ирипсэлъэну! Борис и псалъэхэм къыпищэу къэпсэлъащ профессор, ЩIДАА-м и академик БакIуу Хъанджэрий. Адыгэбзэр къыдэкIуэтей щIэблэм яIурылъын папщIэ курыт школхэм зэрыщрагъэджын хуей щIыкIэм, ар къэралыбзэу къагъэсэбэп хъун щхьэкIэ унафэщIхэм гу зылъатапхъэхэм, лъэпкъыбзэм и къекIуэкIыкIамрэ нобэ иIэ пщIэмрэ – ахэри нэгъуэщI Iуэхугъуэ пыухыкIахэри къыхэщу купщIафIэу къэпсэлъащ Багъэтыр Маринэ. IутIыж Мэжид къытеувыIащ бзэм, лъэпкъ Iуэхум теухуауэ иIэ гуныкъуэгъуэхэм. — Нобэ хуэдэ махуэхэр къэдгъэсэбэпу, ди бзэм и щытыкIэм, ди хабзэм и зехьэкIэм дыкIэлъыплъыжын хуейщ, – жиIащ Мэжид. – Ди бзэр къэралыбзэу жаIэ щхьэкIэ, ар тхылъымпIэм ит къудейуэ аращ, армыхъумэ, ди республикэм нэгъэсауэ къыщагъэсэбэпыркъым. А Iуэхур и кIэм нэсу зэдгъэхъулIэн папщIэ къалэ, къуажэ уэрамхэм, IуэхущIапIэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ тетхауэ, ди лъэпкъэгъу псори адыгэбзэкIэ зэпсалъэу, къэрал IуэхущIапIэхэм ди анэдэлъхубзэкIэ Iуэху щызэфIэбгъэкIыфу, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэхэм щIэтхэр адыгэбзэкIэ уепсэлъа нэужь, адыгэбзэкIэ жэуап къуатыжу щытын хуейщ. Зи бзэр зымыщIэ цIыхум и лъэпкъым пщIэ хуимыщIу аращ. КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ и къудамэм мы гъэм щIэтIысхьар мащIэщ жаIащ. Сыт щхьэкIэ? Къаухмэ, лэжьапIэ ягъуэтынукъыми аращ, бзэм ирилажьэм и улахуэр зэрымащIэми тещIыхьащ. Апхуэдэ пщIэ фIэкIа къэралым, республикэм щыхуимыщIкIэ, хэт ар ипэкIэ зыгъэкIуэтэнури, зыхъумэнури? Апхуэдэ щытыкIэщ, ди жагъуэ зэры- хъущи, ди бзэм иджыпсту иIэр. Сэ сыкъыщыхъуа Тыркум адыгэбзэр зыщIэжу иджыпсту исыр илъэс 50 зи ныбжьхэращ, адыгэбзэкIэ псалъэу илъэси 10 зи ныбжь зы сабии бгъуэтынукъым. Ар ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм я дежкIэ тхьэмыщкIагъэшхуэщ. Зи анэдэлъхубзэкIэ псэлъэ- ну зыпаубыда, нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэсу къэхъухэм дэри, лъахэм исхэр, щхьэ дарещхьын хуей? Ди бзэр хъума хъуну, зиужьыну дыхуеймэ, псори дызэгъусэу делэжьын хуейщ, абы щхьэкIэ щIалэгъуалэм я къарури щхьэпэ хъунущ. Бахъсэн Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шапсыгъ Хьэсэн псалъэ щратым, къыхигъэщащ бзэм зэрыхуэхъуапсэ псори къехъулIэн папщIэ курыт школхэм адыгэбзэр щегъэджыным хухах сыхьэт бжыгъэр нэхъыбэ щIын, район, къалэ администрацэхэм адыгэбзэкIэ газет къыщыдэкIыу зэтеублэн, «Адыгэ псалъэ» республикэ газетыр дэтхэнэ адыгэ унагъуэми къихьэу щытын, псори къыщежьэ унагъуэхэм адыгэбзэр щагъэшэрыуэн зэрыхуейр. Абы и псалъэхэм къыпищэу къэпсэлъащ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа, ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэсхэм пщIэ зыхуащI нэхъыжьыфI Джэдгъэф Хъусен. — Куэдым жаIэ адыгэбзэр гугъуу, ар гугъу зыщIыр абы и дахагъырщ, – жиIащ Джэдгъэфым. – КъэхъукъащIэхэр дахэу къызэрытIуатэ псалъэхэр зэрызэхэт хьэрфхэр нэхъыбэщи аращ гугъуу къыщIалъытэр. Адыгэбзэм хьэрф 59-рэ иIэщ, урысыбзэр 33-рэ къудейщ зэрыхъур. Унагъуэм ущримыпсалъэмэ, мы едгъэкIуэкI псалъэмакъми, кърахьэжьэ Iуэхухэми мыхьэнэшхуэ яIэнукъым. Сабийр ныбэм щилъым щегъэжьауэ, бзэм и макъыр зэхех, абы ипкъ иткIэ, адэ-анэм куэд елъытащ къыдэкIуэтей щIэблэм бзэр яIурылъынымкIэ. Фэ, щIалэгъуалэм, фхуэгъэзауэ жысIэну сыхуейщ: урысыбзэкIэ фыпсалъэмэ фынэхъ Iущу, губзыгъэу къызэрыфлъытэр зыхэвни, адыгэбзэкIэ фызэпсалъэ, ди лъэпкъыбзэм и гъащIэр кIыхь хъун щхьэкIэ. Бахъсэн къалэ дэт 4-нэ курыт школым и егъэджакIуэ, «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэт Бырмамыт ФатIимэ къытеувыIащ адыгэбзэм и Iуэхур зыIутым, и зыужьыныгъэм папщIэ щIапхъэхэм егъэджакIуэхэр зэреплъым. — Дэ ди лъэпкъыбзэм илъэс мин Iэджэ и ныбжьщ, – жиIащ Бырмамытым. – Нарт пшыналъэхэмрэ пасэрей уэрэдыжьхэмрэ еплъытмэ, нобэрей ди анэдэлъхубзэр нэхъ гуащIэмащIэ зэрыхъуам гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ауэ ар дэтхэнэ лъэпкъыбзэми и натIэщ: зэ зречри зеужь, зэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къахэкIыу и лъэр щIоху. Дэ щытыкIэ гугъу дыкъихутащ нобэ. Ар зи анэдэлъхубзэм и нэхъыбэр ирипсалъэркъым, ар зэрырагъэдж щIыкIэр хъуркъым. Сыт щхьэкIэ? Псом япэрауэ, абы хухах сыхьэт бжыгъэхэм кIуэ пэтми кIэрач. ПэщIэдзэ еджапIэм щIэс сабийхэм апхуэдэ сыхьэт бжыгъэ мащIэкIэ адыгэбзэр нэсу пхуегъэщIэнукъым. ПэщIэдзэ классым щамыджа бзэр иужькIэ сабийм шэрыуэу ебгъэщIэфынкIэ Iэмал иIэкъым. Мис ар и щхьэусыгъуэщ сабийхэр я анэдэлъхубзэм пэIэщIэ зэрыхуэхъум. Абы къинэмыщIауэ, мыхъумыщIагъэщ адыгэ унагъуэхэм адыгэбзэр къызэрыщамыгъэсэбэпыжыр. Куэд щыIэу пIэрэ адыгэ журнал, газет Iэ традзэу, тхылъ къащэхуу? ЕгъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ зэдэдгъэзащIэ гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ къызэщIаубыдэ Iуэхурщ ехъулIэныгъэ къозытынур. Бзэм езым зыхуэхъумэжынукъым, ар зи къалэныр, зыхузэфIэкIынур Тхьэшхуэм ар зыIурилъхьа лъэпкъым и цIыхухэрщ. Республикэм и унафэщIхэм я деж къыщыщIидзэн хуейщ а лэжьыгъэм: адыгэ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдагъэкIынымкIэ защIигъэкъуэн хуейщ, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, еджапIэхэм бзэм щыхухаха сыхьэт бжыгъэр нэхъыбэ щIын, зэIущIэхэр, зэхуэсхэр адыгэбзэкIэ егъэкIуэкIын хуейщ. Ди бзэр къэралыбзэу щыщыткIэ, адыгэбзэм и Iуэхум, и зыужьыныгъэм елэжь гуп Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм деж сыт щыгъуи щылажьэу щытамэ, хуабжьу сэбэпынагъышхуэ къыпэкIуэнут. «Гъуэгу техьэ къытенэркъым» – жеIэ адыгэ псалъэжьым, иджыри къэс къэткIуа гъуэгуанэм дригъэшу демытIысэхыу, дывгъэбакъуэ, дывгъэлажьэ, анэдэлъхубзэмрэ адыгэ хабзэмрэ я къэкIуэнур дывгъэубзыху! Адыгэгу зыкIуэцIылъ дэтхэнэми абы папщIэ хузэфIэкIыр ищIэн хуейщ. Апхуэдэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и щIэныгъэлI Уэщро Рубен, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Езауэ Мадинэ сымэ. ЗэIущIэм зи гугъу щащIахэм япкъ иткIэ, Бахъсэн ЩIалэгъуалэ администрацэмрэ Бахъсэн ЩIалэгъуалэ советымрэ зэхалъхьа резолюцэм къеджа нэужь, зэIущIэм хэтахэм Iэ яIэтащ абы арэзы зэрытехъуам и щыхьэту. Адыгэ тхыбзэм и махуэм бахъсэндэсхэм траухуа зэхуэсыр ягъэдэхащ республикэ гъуазджэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэу Батыр Мухьэдин, Ташло Алий, Кърым Иринэ, Зеущэ Iэуес, Даур Иринэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ-хэу ТхьэкIумашэ Аслъэн, Бэч Азэмэт сымэ. Адыгэбзэм и макъхэр жьгъырууэ езышажьэ адыгэ пшынэр ягъэбзэрабзэу щIалэгъуалэм зэхаша джэгу дахэкIэ иухащ зэIущIэр.
«Адыгэ псалъэ» НэщIэпыджэ Замирэ Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ
|