Культура

ЦIыхубэ Iущыгъэ

              

  • Адэм и Iэщэр къуэм и щэнщ.
  • Адэм и IэщIагъэр къуэм и уагъэщ.
  • Адэ мыгъасэм и къуэри мэсэхъу.
  • Адэ мылъку бынгъэкIуэдщ.
  • Адэ уиIэ щIыкIэ, уи лъэпкъыр зэгъэцIыху.
  • Адэ ухъухункIэ адэр зыхуэдэр пщIэкъым.
  • Адэ щIэинкIэ псэуа щыIэкъым.
  • Адэм къыхуэна сабийр ибафэщ.
  • Адэм хуэмыгъасэр анэм хуэумыскъым.
  • Адэр псэухукIэ къуэр щIалэщ.
  • Ажэми жьакIэ тетщ.
  • Анэ-адэм бын зэхадзкъым.
  • Анэ-адэм шэч яхуумыщIыж.
  • Анэ-адэм уэ ебгъэлъагъур бынхэм уэ уагъэ­лъагъужынщ.
  • Анэ-адэм я хьэкъ къызытенэм быным ире­гъэп­шыныж.
  • Анэ-адэфI быныфI яхуэщщ.
  • Анэ бгъафэр сабийм и жэнэтщ.
  • Анэ быдзышэм щIакхъуэри кхъуейри хэлъщ.
  • Анэ гыбзэр быдз зэхуакум дэкIкъым.
  • Анэгур гуауэ пхъуантэщ.
  • Анэгур мыгъуэщи, бын мыгъуэр IэфIщ.
  • Анэ гущIэр лъащIэншэщ.
  • АнэдэкIуэрэ лIы дэкIуасэрэ емыкIу хэлъкъым.
  • Анэ здэщыIэм сабии щыIэщ.
  • Анэ зиIэм дунейр иIэщ.
  • Анэ зиIэм и Iэр быдэщ.
  • Анэ зимыIэм гуIэр и махуэщ.
  • Анэ къалэным нэхъ гугъу щыIэкъым.
  • Анэ щабэр бынгъэкIуэдщ.
  • Анэм быныр и зэхуэдэщ.
  • Анэм и бгъафэр фом нэхърэ нэхъ IэфIщ.
  • Анэм и бгъафэр хъурыфэ джэдыгущ.
  • Анэм и бын гуауэр зэи жьы хъуркъым.
  • Анэм и быным хуищIэр фIэмащIэщ.
  • Анэм и гуапэр дыгъэм нэхърэ нэхъ хуабэщ.
  • Анэм и гуэныхьыр пхуэпшыныжкъым, уи Iэгу джэдыкIэ хуибгъэжьыхьми.
  • Анэм и губжьыр уэсым хуэдэщ – куэду къес­ми, щIэхыу мэткIуж.
  • Анэм игукIэ сеужьи, фызым игукIэ сы­къэу­кIуэж.
  • Анэм игу пцIанэр бын псоми я зэхуэдэщ.
  • Анэм и губжьыр жьым хуэдэщ – ину къепщэми, щIэх тоуж.
  • Анэм и гур быным хуосри, дыгызэм и кIэ­дахъуэр мэс
  • Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.
  • Анэм и гъуапэр пхъум и щыдэжынщ.
  • Анэм и дэлъхур адэ пэлъытэщ.
  • Анэм и куэщIыр сабийм и гущэщ.
  • Анэм и псэм дэкIыр и фэм къеIуатэ.
  • Анэм и удыныр узкъым.
  • Анэм къыуипэсыр гъэгунэс.
  • Анэм къыуитыр IэфIщ.
  • Анэм лъэгущIэтын зыхуэщI.
  • Анэм и щIыхуэр зыми хуэпшынакъым.
  • Анэм и Iэр ину иIэтми, цIыкIуу тохуэ.
  • АнэнэпIэсым хуэпщIэр фIэмащIэщ, къып­хуищIэр фIэкуэдщ.
  • АнэнэпIэсыр уэсым нэхърэ нэхъ щIыIэщ, зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ.
  • Анэм псибл Iутщ.
  • Анэншэ гъащIэр гу щIыIэгъуэщ.
  • Анэншэм мыгъуэр и махуэщ.
  • Анэншэр зеиншэщ.
  • Анэпсэр фоупсым хуэдэщ.
  • Анэр зыгъэзеиншэр лIэмэ хьэдагъэншэщ.
  • Анэр зыфIэIейми ар ихъуэжыфкъым.
  • Анэр зыщытхъур и бынщи, быныр зыгъэдахэр гъэсэныгъэщ.
  • Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
  • Анэр хабзэ ублапIэщ.
  • Анэшыпхъу анэ пэлъытщ.
  • Анэ иIэмэ, сабийр ибэкъым.
  • АнэIэкIэ къыгуэхи, анэгукIэ къызэт.
  • Благъэжь хыфIумыдзэ, гъуэгужь умыбгынэ.
  • Быныр гъэсамэ, зыпIар епIыж.
  • Бын зыщIэмыхъуэр и щхьэ щIотIахъуэ.
  • Дадэм щIыгъур нанэщи, нанэм щIыгъур дадэщ.
  • Дахэм дахэ къелъхури, Iейм Iей къелъху.
  • Ди адэхэр зэмышми, ди анэхэр зэшы­пхъущ.
  • Дыгъэм и хуабагъэмрэ анэм и гуапагъэмрэ зэхуэдэщ.
  • Дыгъэр хуабагъэщ, анэр гуапагъэщ.
  • Дыгъэ нэпс нэхърэ – анэ бгъафэ.
  • Зэлхэр зэпэIэщIэмэ, я щIэщыгъуэу зэлъохьэ.
  • Зи адэ зымыгъэфIам фIыкIэ ущымыгугъ.
  • Зи адэ лIар ибэ ныкъуэщи, зи анэ лIар ибэ хъурейщ.
  • Зи анэ зыхъуэжым имыхъуэжын щыIэ­къым.
  • Зи анэ хуэмыщыпкъэм и хэкумкIи щыпкъагъэ хэлъкъым.
  • Зи къуэш мащэ хуэзытIым зэраукIыну сэр къеулъэпхъэщ.
  • Зипхъу къэт анэр и кIэ тетIысхьэжкъым.
  • И адэ еплъи, и къуэр къуэдзэ щIы.
  • И анэ гупсэщ, и адэ псэущ.
  • Къэзылъхуа зымыцIыхужыр къилъхуахэми яцIыхужынукъым.
  • Къомыщэжынур уи анэмрэ уи нитIым- рэщ.
  • Къуэ делэ зиIэм и анэр гуIэ хигъэкIкъым.
  • Къуэ закъуэрэ нэ закъуэрэ.
  • КъуэфIым адэ щIэин ухуэмылъыхъуэ.
  • КъуэфI и анэ гуфIэ щигъащIэкъым.
  • Къуэш зимыIэу щIэлIэм башым IэплIэ хуещI.
  • Къуэш лей щыIэкъым.
  • Къуэшыншэ щIэупщIакIуэншэщ.
  • ЛъыкIэ зэш нэхърэ – гукIэ зэш.
  • Мыгъуэр зи мыгъуар анэрщ.
  • Нанэ хьэлыващIэ, дадэ кIэрыщIэн.
  • Уи адэ къошхыдэкIэ, зумыгъэгусэ, уи анэ къыпщытхъукIэ, зумыгъэсэхъу.
  • Уи адэм и щIапIэр гъэдахи, уи анэм дахэу епсалъэ.
  • Уи анэ зэрымысым дыщасэ умыкIуэ.
  • Уи анэ зэрымысым зыщыгъэпсэхуи къи­кIыж.
  • Уи анэ къимылъхуа уи къуэшкъым, уи къуэш­ къимыша уи нысэкъым.
  • Уи анэ и Iэгу илъым еплъи, уи Iэ илъым едза­къэ.
  • Уи анэ къыбжиIэм едаIуэ, уи адэ къыб­жиIэр гъэзащIэ.
  • Уи анэрэ уи нитIрэ.
  • Уи анэр фIыуэ плъагъумэ, нэгъуэщIым анэкIэ уемыхъуэн.
  • Уи анэ Iейми, нэхъыфI бгъуэтынукъым.
  • Уи анэр уиIэхукIэ ущIалэщ.
  • Укъэзылъхуахэм яхуэщIыпхъэ цIыхугъэр зэи пасэ хъуркъым.
  • ЩIэблэ зыщIэмыхъуэр лъэпкъ хъуркъым.
  • Iыхьлы зимыIэм и жыгым IэплIэ ирешэкI.

 

Зыгъэхьэзырар  Шэрджэс Алийщ.

 

Related posts

Leave a Comment