ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыр щекIуэкIащ Лазаревскэ къалэм
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыр иджыблагъэ щекIуэкIащ ПсыфIыпэ (Лазаревскэ) къалэм. ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм нэмыщI абы кърихьэлIащ Сирием, Израилым, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Мэздэгурэ Армавиррэ, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм кърихьэлIат Сочэ къалэм и Лазаревскэ район администрацэм и Iэтащхьэ Бражников Сергей, Краснодар крайм и щIыналъэхэм я администрацэхэм я лIыкIуэхэр, шапсыгъ адыгэхэм я тхьэмадэхэр.
Бражников Сергей хьэщIэхэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ, ДАХ-м и зэхуэсыр ПсыфIыпэ зэрыщрагъэкIуэкIыр тэмэму къызэралъытэр, икIи а Iуэхугъуэр лъэпкъхэр нэхъри зэкъуэгъэувэным сэбэп зэрыхуэхъунум шэч къызэрытримыхьэри жиIащ.
Апхуэдэу районым и Iэтащхьэм къыхигъэщащ тенджыз Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм защIэгъэкъуэным ехьэлIа программэ илъэс зыбжанэ хъуауэ крайм зэрыщылажьэр. Абы къыпэкIуэ IуэхугъуэфIхэр щынэрылъагъущ щIыпIэм: школхэм шапсыгъыбзэ щрагъэдж, къуажэ еджапIэхэм я лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэхэр йофIакIуэ, спортымрэ щэнхабзэмрэ гулъытэ нэхъыбэ щигъуэтащ, гъуэгухэм асфальт тралъхьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ шапсыгъ къуажэхэм я псэукIэм зеужь.
Хасэм и лэжьыгъэр купщIафIэу екIуэкIыну, IуэхугъуэфIхэр къыдэкIуэну хъуэхъуащ Бражниковыр.
ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым къызэхуэсахэр зэлэжьыну Iуэхугъуэхэм я гугъу ищIащ. Абы фIыщIэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ Сочэ къалэм и Лазаревскэ район администрацэм.
— Зи чэзу зэIущIэр шапсыгъ адыгэхэм я щIыналъэм щедгъэкIуэкIыну пасэу тедухуат. А мурадыр къыддэзыIыгъахэм фIыщIэ яхуэфащэщ. Ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэхэм я унафэщIхэмрэ хасэхэмрэ сыт щыгъуи тыншу зэдолажьэ, сыту жыпIэмэ, а тIури зи ужь итыр зы Iуэхущ. ЗэкIэ гугъуехь псоми дапэмылъэщми, ди къалэнщ ди Iэр къызыпекIуэкIхэр хуэмурэ зэдгъэхъулIэну. ДАХ-м сыт хуэдэ лэжьыгъэ къримыхьэжьэми, лъэпкъым и сэбэп хэлъщи, дызэкъуэту IуэхущIафэ щхьэпэхэр едгъэкIуэкIыну дыхущIокъу. «IитIрэ пэт, зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым», – жаIэ. Апхуэдэу, мы щIыпIэ дахэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр ди лэжьыгъэм жыджэру хэтыну ди гуапэщ, дэри абыхэм я псэукIэм, я IуэхущIафэхэм нэхъри гъунэгъу захуэтщIыныр ди мурадхэм ящыщ зыщ, – жиIащ Сэхъурокъуэм.
Хасащхьэм и пащхьэ къыщыпсэлъащ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм я Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид. Абы къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. ЗэIущIэм и пэ къихуэу Мэ-жид гупыр иригъэблэгъат и хэщIапIэ унэм. Пэшхэм щызэхуэхьэса хьэпшыпхэр, Хасэм къекIуалIэхэм я IуэхущIафэхэр къызэрыщ сурэтхэр, адыгэбзэкIэ тедза тхылъхэр щыкуэд библиотекэр, «Шапсугия» газетым и редакцэр, нэгъуэщIхэми щыгъуазэ защIат хьэщIэхэм.
КIэкIыхъум къыхигъэщащ гранткIэ мылъку зэрыхухахым и фIыгъэкIэ хасэм къыпэщылъ Iуэхугъуэ куэд зэфIэха зэрыхъур. Илъэс зыбжанэм нэсауэ Краснодар щIыналъэм щолажьэ «Гармонизация межнациональных отношений и развитие национальных культур в Краснодарском крае» фIэщыгъэр зиIэ программэ щхьэхуэ. Абы Iэмал куэд къарет ди лъэпкъэгъухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ IуэхущIафэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэгъэпэщыным. Къапщтэмэ, грантым и фIыгъэкIэ псэуалъэхэр зэрагъэпэщыж, къуажиплIым адыгэ щэнхабзэ центрхэр щолажьэ, «Шапсугия» къэфакIуэ гупым я фащэ екIухэр Налшык щрагъэдащ.
— Адыгэбзэр егъэджыным ехьэлIа Iуэхугъуэм дэри дегъэпIейтей, дэтхэнэ ди лъэпкъэгъухэми хуэдэу. Къалэдэсхэм хуэдэу къуажэдэс сабийхэм датегузэвыхьыркъым. НобэкIэ япэ идгъэщыпхъэхэм ящыщщ адыгэбзэр езыгъэджхэм я Iэзагъыр къэIэтыныр, – жиIащ Мэжид.
Краснодар крайм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъутэ Аскэр Мэжид жиIам къыщIигъуащ щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ хъыбархэр. Сирием зауэ къызэрыщыхъейрэ хэкум къэзыгъэзэжахэм ящыщу цIыху 200-м щIигъу щопсэу крайм. Социальнэ и лъэныкъуэкIэ къызэгъэпэщахэщ: псэуалъэ яухуахэщ, лэжьыгъэ IэнатIэ пэрытхэщ. Уеблэмэ, языныкъуэхэм урысыбзэр фIы дыдэу зрагъащIэри, я IэщIагъэмкIэ лажьэу ежьэжахэщ. КъищынэмыщIауэ, щIэблэр гъэсэным теухуауэ щIыналъэм программэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм языхэзым зэреджэр зэкъуэшыгъэщ, адыгэхэм я бынхэр къану зэрату щыта хабзэфIым тещIыхьащ.
ДАХ-м и комитетхэм я лэжьыгъэм теухуауэ япэу псалъэ къызылъыса Бырсекъуэ Орфан абы и лъэныкъуэкIэ зыщыгъуазэхэр къызэхуэсахэм я пащхьэ ирилъхьащ. Абы зэрыжиIамкIэ, Сирием къиIэпхъукIыжу зи хэку къэзыгъэзэжахэм я бжыгъэр 900 мэхъу. Абыхэм ящыщу унагъуи 102-м унэ лъапсэ ягъуэтауэ мэпсэу.
— ДыщIэгузэвэн щыIэжкъым, Урысей къэралыгъуэм и фIыщIэкIэ Сирием зауэр къыщызэтеувыIащи догуфIэ, – жиIащ Орфан. – КъэкIуэжахэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр пщIэншэу хуащIэ, къэралри псапащIэ цIыху щхьэхуэхэри къадоIэпыкъу. Къэзыгъэзэжахэр зыдэтIысхьа къуажэхэм мыхъун къахэмыкIыу щопсэу. Гугъуехь гуэрхэр къахукъуэкIми, ахэр РВП, визэ Iуэхухэм пыщIащи, Урысейм и хабзэхэм тету зэрагъэпэщ.
Орфан и псалъэм къыпищащ гъэзэщIакIуэ гупым хэт Къущхьэ Надим. Абы жиIащ къэгъэзэжын Iуэхур ДАХ-м хузэфIэкIынухэм зэращымыщыр, илъэси 150-рэ хъуауэ лъэпкъым и гуныкъуэгъушхуэр зы лъэхъэнэм зэрызэфIумыхыфынур. «Дэ нэхъыбэу дызэлэжьын хуейр дызэрызэфIэмыкIуэдынырщ, я бзэр, щэнхабзэр хэхэсхэм яIэщIэмыхунырщ, щIалэгъуалэр хэкум щедгъэджэнырщ, сабийхэр зэкIэлъыдгъэкIуэнырщ», – жиIащ абы.
Анэдэлъхубзэмрэ адыгэ псэкупсэ щIэиныр хъумэнымкIэ, щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ, адыгэ тхыдэр зэхуэхьэсауэ къыдэгъэкIынымкIэ Хасэм и комитетым и лэжьыгъэм нэхъ жыджэру щытепсэлъыхьащ зэхуэсым. ПцIы хэмылъу, бзэр зехьэным, хъумэным теухуа Iуэхугъуэхэм сыт зэманми хамэ щIыпIэ щыпсэу адыгэхэр нэхъ тегузэвыхьырт. Иджы хэкум щыпсэухэри а Iуэхум нэхъри игъэпIейтей хъуащ. Абы къыхэкIыу къудамэм и пщэ къыдэхуэ къалэнхэри нэхъыбэщ. Комитетым хэт Табыщ Мурат лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIахэм тепсэлъыхьа нэужь Хасащхьэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къащIэна тхыгъэхэм я хъумапIэ-архив ДАХ-м и хэщIапIэм къыщызэIухамэ зэрыщхьэпэр ипэIуэкIэ къыхилъхьауэ зэрыщытар икIи къызэхуэсахэр къыхуриджащ а Iуэхур къыдаIыгъыну. КъищынэмыщIауэ, комитетым и пщэ къыдэхуэхэм ящыщщ зыуэ щыт алыфбей зэхэлъхьэным теухуа Iуэхур. Табыщым къыхигъэщащ абы и лъэныкъуэкIэ зэфIэкIа хъуар зэрымащIэр, мы Iуэхур акъылзэхэдзэ зэрыхуэныкъуэр, ар ипэкIэ кIуэтэн папщIэ КъБР-ми АР-ми я щIэныгъэрылажьэхэм я псалъэм мыхьэнэ зэриIэр.
Мы Iуэхум игъэпIейтейхэм ящыщт шапсыгъхэм пщIэ зыхуащI я нэхъыжь ТIэш Мурдин. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ зыуэ щыт алыфбей зэхэлъхьэныр ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм зэращыщыр.
— Зэкъым дэ АР-м я бзэ щIэныгъэрылажьэхэм дазэрыщыхуэзар. Ди литературэбзэхэр зэгъунэгъу зэхуэщIыным пэщIэувахэм я цIэ къысхуиIуэнущ. КъБР-м и Парламентым и Унафэ бгъущI гъэхэм къащтат, АР-м нобэр къыздэсым ар диIыгъакъыми, иджы щIэрыщIэу утыку къихьауэ елэжьыныр Iэмалыншэхэм ящыщу къызолъытэ, – жиIащ Мурдин.
Сэхъурокъуэ Хьэутий и жэрдэмкIэ гъэзэщIакIуэ гуп къызэрагъэпэщащ мыбы теухуауэ дэнэкIэ щыIэ Iуэху еплъыкIэри, чэнджэщхэри зэхуахьэсу, ДАХ-м и къыкIэлъыкIуэ зэхуэсыгъуэм утыку кърахьэу ар и кIэм нагъэсын папщIэ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупыр 2018 гъэм зэрылэжьэнум теухуауэ ягъэхьэзыра тхылъым хэплъа нэужь, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьэжри, ар IэIэткIэ къащтащ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъыр зыгъэпIейтей нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. ГъэзэщIакIуэ гупым и къыкIэлъыкIуэ зэхуэзэр къихьэну илъэсым и гъатхэпэ мазэм щыIэну зэгурыIуащ.
ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ, лъэпкъым и сэбэп къызэрыкIын IуэхущIафэ куэд абы хуалэжьыну хъуэхъуащ.
ГъэзэщIакIуэ гупым я лэжьыгъэр яуха нэужь, хьэщIэхэр зыплъыхьакIуэ ирашэжьащ, Ашэ псыхъуэм щыIэ Къалэжь, Лыгъуэтх, Хьэджыкъуэ шапсыгъ къуажищыр ирагъэцIыхун мурадкIэ. Иужьрей илъэсхэм къуажэхэм я теплъэкIи, я псэукIэкIи зэрызахъуэжар я нэгу щIэкIащ хьэщIэхэм. Къуажэхэм ухуэзышэр асфальт гъуэгу захуэ тыншщ, газрэ псыкIэ къызэрызэгъэпэщари езы къуажэдэсхэм къаIуэтащ. Хьэджыкъуэм щыпсэу КIэкIыхъу Индрисхэ я унагъуэм хьэблэм дэси я благъи щызэхуэсахэт, хьэщIэхэр ирагъэблэгъэну. Унэгуащэхэм лэкъум, хьэлывэ пщтыр, щхъуомч фо хуэдэхэр Iэнэм къахьырт, цIыхухъухэм хьэщIэхэр ирагъэблагъэрт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ нэхъри гъунэгъу зэхуэхъуа зэлъэпкъэгъухэм шыгъупIастэ зэдашхауэ ПсыфIыпэ ягъэзэжащ.
КъыкIэлъыкIуэу хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ жылэм дэт этнографие музейм. Музейм и лэжьакIуэ шапсыгъ цIыхубз щыпкъэ Хъущт Iэминат гупсэхуу, Iуэхум хищIыкIыу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. ХьэщIэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ музейм щIэлъ хьэпшыпхэм я куэдагъыр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми, мащIэми куэдми, лъэпкъ тхыдэм и зы Iыхьэ зэрыхэлъыр зыхащIэрт. Iэминат зэрыжиIэмкIэ, илъэс минитхум нэс зи ныбжь Iэмэпсымэ щIэлъщ музейм, адыгэ-убых-абазэ лъэпкъхэр псы Iуфэм зэрыIусам шэч къытумыхьэжыну щыхьэт техъуэу. Апхуэдэу, щIыналъэр къулейщ лIэщIыгъуэ-лIэщIыгъуэкIэрэ къэхутакIуэхэми зыплъыхьакIуэхэми яфIэгъэщIэгъуэн «испы унэхэмкIэ» (дольменхэмкIэ), абыхэм я ныбжьри илъэс миниплI хъууэ къалъытэ.
Адыгэхэм зэрахьэу щыта хьэпшыпхэм нэмыщI, плIанэпэ псо хухахат иджырей сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIыу лъэпкъ IуэрыIуатэр, тхыдэр къызэрыщхэр. Зи щIэблэр и тхыдэм щыгъуазэу гъэсэныр зи нэрыгъ лъэпкъым, шапсыгъ адыгэхэм, я дежкIэ, шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ иIэщ музейм.
«Шапсугия» къэфакIуэ ансамблым и хъыбар куэд щIауэ зэхах дэнэкIи щыIэ адыгэхэм. 2014 гъэм Сочэ Олимпиадэр къыщызэIуахым а гупым и пхъэ къикIат адыгэ лъэпкъым и творчествэр дунейпсо утыку щигъэлъэгъуэну, икIи абы къыхуагъэфэща къалэныр екIуу игъэзэщIащ. А ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 45-рэ ирикъурт мы махуэхэм. Лъэпкъ щэнхабзэхэм я унэу ПсыфIыпэм дэтым а Iуэхугъуэм теухуауэ къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ пшыхьым ирагъэблэгъат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр.
«Шапсугия» къэфакIуэ гупым я махуэшхуэр даIыгъыну, езыхэми я зэфIэкIыр къагъэлъэгъуэну къахуеблэгъат Налшык, Мейкъуапэ, Черкесск, Сыхъум икIа артистхэр, Сочэ щыIэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я центрхэр. Утыку къихьахэм ягу къагъэкIыжащ илъэс 45-рэ и пэкIэ ансамблым и къызэгъэпэщакIуэ Хеишхуэ Аслъэн япэ лъэбакъуэхэр зэрыдачар, абы иригъэжьа Iуэхур иригъэфIакIуэ зэпыту и къуэ Руслан зэрыригъэкIуэкIыр. ЩэнхабзэмкIэ унэми, къэфакIуэ гупми я унафэщI къалэнхэр Хеишхуэ Руслан екIуу, игурэ и псэрэ етауэ зэригъэзащIэм и щыхьэтщ утыкум ита къэфакIуэ цIыкIухэм я Iэзагъыр. Хеишхуэхэ я Iуэхум пызыщэн щIэблэ дахэ къыщIэхъуащ Руслан, ди гуапэщ я мурад къехъулIэну.
ГуфIэгъуэ зэIущIэр щыщIидзэм утыку къызэдихьащ Сочэ къалэм и Iэтащхьэ Пахомов Анатолийрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ.
— Шапсыгъхэм я лъэпкъ щэнхабзэр, я хабзэр ину ягъэлъапIэ. Ар къазэрехъулIэ «Iэмэпсымэхэм» ящыщщ «Шапсугия» гупыр, ди къалэ къудейр мыхъуу, Урысей псом щыцIэрыIуэ ансамблыр. Ди щIыналъэм зэгурыIуэ-зэдэIуэжу щопсэу лъэпкъи 100-м нэс, а гу-пышхуэм шапсыгъ лъэпкъым хуэфэщэн увыпIэ щиIыгъщ, – жиIащ Пахомовым. Ар гуапэу ехъуэхъуащ къафакIуэхэми махуэшхуэм кърихьэлIахэми.
Сэхъурокъуэ Хьэутий псалъэ щратым абы фIыщIэ яхуищIащ бысымхэм, хьэщIагъэ дахэ къызэрырахам, зэрагъэлъэпIам папщIэ. Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылъымрэ медалымрэ Сэхъурокъуэм яритащ Сочэ къалэм и тхьэмадэ Пахомов Анатолий, Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Хьэджмамыкъу Вячеслав, Адыгэ щэнхабзэм и центрым и унафэщI, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Шапсугия» къэфакIуэ гупым и художественнэ унафэщI Хеишхуэ Руслан сымэ.
«Лъэпкъым зыхуигъэувыж къалэным елъытащ и пщIэри», – жаIащ ди нэхъыжь Iущхэм. Ди лъэпкъым и пщIэр лъагэу зыIэтын IуэхуфIхэр иублэрэ ахэр къехъулIэу гъуэгу бгъуфIэм тетыну догугъэ!
Сурэтхэри тхыгъэри ЩОДЖЭН Iэминат ейщ.
Адыгэ псалъэ