Иорданым щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и деж
ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъу лъап1эхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи ину фIыщIэ худощIыр Къардэн Самир, абы и гъуса Хасащхьэ гупым Иорданием щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я лэжьыгьэм илъэс куэд лъандэрэ жыджэру зэрыхэтам папщIэ. Къардэн Самир и псэ емыблэжу, адыгэ лъэпкъым и щIыхьыр зыIэт Iуэху дахэ куэд илэжьащ икIи ноби елэжь. Самир Иордание къэралыгъуэм и пащхьэм щиIэщ фIыщIэ, лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. ДяпэкIи фыщыпсэу къэралым и пщIэр иIыгъыну, фыкъызыхэкIа лъэпкъым и хабзэр, и щэнхабзэр ихъумэну, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпыщIэным хилъхьэ гуащIэдэкIыр…
Дальше