Тыркум-Анкара къалэ адыгэ ныбжьыщIэ зэхуэс щрагъэкIуэкIащ
Тыркум щыIэ Кавказ-Черкес-Адыгэ хасэхэм я зэгухьэныгъэу-федерацэу КАФФЕД-ым Анкара ныбжьыщIэ зэхуэс щригъэкIуэкIащ 02-03.2013 махуэхэм. Абы Адыгей Республикэм щIэнхабзэмкIэ и министру Къул Мыхьамэти хэтащ. Сурэтым къегъэлъагъуэр 2013 гъэм Адыгэ ныбжьыщIэ зэхуэсым хэтахэр Европэ къэрал зэгухьахэр щIэгъуэкъуэн зыхуэхъу лэжыгъэхэм щыщу «Хуиту гупсысэ!» жыхуиIэм ипкъ иткIэ КАФФЕД-ым зэхишащ ныбжьыщIэ зэхуэсыр. Абы къалэну зыхуигъэувыжар: Тыркум щекIуэкI демократие икIи лъэпкъхэм я зыкъэщIэжныгъэ зыужьыныгъэм еплъыкIэу, бгъэдыхьэкIэу щыбжьыщIэхэм хуаIэр зыхуэдэр къащIэну, Адыгэ хэкужьми адыгэр щыхэхэс къэралхэми щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ныбжьыщIэхэр щыгъуэзэнхэм, егупсысынхэм иригъэгуфIыну, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ныбжьыщIэхэр нэхъ жьыджэру щIыхэмыхьэм и щхьэусыгъуэхэр къэпщытауэ ахэр дэгъэзыжыным, адыгэ ныбжьыщIэхэр нэхъ зэрпыщIа…
Дальше