Али Шогенцуков о роли родного языка
Ди бзэр зэфIэувэгъуей хъунукъым
Нобэ деплъмэ зы жылэ гуэри къэдгъуэтынкъым ибзэр итх, иужькIэрэ куэдрэ елэжьа нэужь зэримыгъэзэхуэжауэ. Зи бзэр бзэ мыхъунуэ зы жылэ закъуи бгъуэтынкъым фIэIуэхуу, хуэзэу игъэлажьэмэ.
Арысер илъэс 300 ипэкIэ пщы цIыкIу цIыкIухэу, щIагъуу зэхэмыхьэу тхыгъэкIэ зэлъэмыIэсхэу, хьэрф гъэнэхуа ямыIэу зэрыщытам къыхэкIкIэ ябзэри зэтемыхьэу щытахэщ. Нобэ ди Кэфкъазым ис адыгэ лъэпкъхэми ябзэр зэрызытекIар абы ещхьщ. Ауэ а урысхэм я тхэн, еджэнхэм и фIыгъэкIэ нэхъ цIыху азэу къахэкIхэм бзэр убгъуа зэрыхъункIэ, ягъэлажьэурэ, нэхъ къекIур, хаубыдыкIурэ мисс иджы тлъагъу урысыбзэр утыкум къихьащ. Абы ещхь дыдэщ адрей къэралхэм ябзэри зэрызэфIэувар.
Ауэ щыщыткIэ дэ адыгэри абыхэм дадэплъеин хуейщ, дибзэр убгъуа хъун папщIэкIэ, дэнэкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэми ди бзэр зыуэ зэдгъэзэхуэн хуейщ. Ди бзэм хэдгъэхъуэн папщIэкIэ, дэтхэнэ къуажэми IуэрыIуатэу къахэна уэрэдыжь, шыпсэжь, хъуэхъухэр зэхуэхьэсыжын хуейщ, а псэлъэжьхэр зэIудгъэхьэжыныр ди куэдыщ.
Опубликовано в газете «Карахалк» («Кабардино-Балкарская беднота») № 579 от 30 сентября 1925 г.
Ари кIыфIыгъэм къыхэкIащ
Зы махуэ гуэрым цIыху зыбжанэм сахэту еджэныгъэм и фIыгъэр ягурыжьауэрт. Ауэрэ Iуэхур анэдэлъхубзэм нэсащ иужьым партийнэхэм ящыщу зыгуэрым жиащ: «Гъым шым жысIэу сэ адыгэбзэкIэ сыхуейкъым, сызыхуейр урысыбзэщ».
Фегупсысыт, мы псалъэ хьэлъэр жызыIа тхьэмыщкIэр лIыжщ илъэс 40-м нэсауэ. Ар адыгэбзэкIэ еджэмэ мэзитIкIэ еджэкIэрэ тхэкIэрэ ищIэнурэ дунейм щыгъуазэ хъунущ, урысыбзэкIэ еджэмэ илъэс дапщэкIэ тхэкIэ къудейр ищIэну?
Апхуэду зи бзэрэ зи лъэпкъырэ зымыдэжыр дауэ цIыху хъун? Мыбы хуэдэ насыпыншэхэм адрей зы къэхугъуэхэр дыремыпIей!
Ар къызыхэкIари кIыфIыгъэращ.
Опубликовано в газете «Карахалк» («Кабардино-Балкарская беднота») № 591 от 1 ноября 1925 г.
Щыпкъэу жи1ащ.. Нобэрей ди щытык1эр тепсэлъыхь хуэдэщ…