Адыгэбзэ

«Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым» (Адыгэ псалъэжьщ)

   Зы Хэкум  ис адыгэхэмрэ   балъкъэрхэмрэ  ижь – ижьыж  лъандэрэ  къызэдогъуэгурык1уэ.   Щхьэусыгъуэ зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э ар зэманым  п1алъэк1э  зэк1эщ1ичащ,    к1эрыхур  я  куэдами, абыхэм  «Бланэ  щалъху  мэк1уэж» – жыхуи1э  псалъэжьыр  ягъэпэжащ.

Зауэ   куэдым  зэгъусэуи, я  закъуэуи  пэщ1этащ  лъэпкъит1ыр,  ауэ  езы  т1ум    сыт  щыгъуи  яку   зэгуры1уэныгъэ  дэлъащ. Зы Хэкум  ущиск1э  узыунагъуэщ, зы  унагъуэм  исхэр  1эмал  имы1эу  ф1ыуэ   зэрылъагъун,  зэры1ыгъын    хуейщ.      Ахэр   зэкъуэтмэ,  абы пэлъэщын     къару  щы1эу  си  ф1эщ  хъуркъым.  Арауэ  къыщ1эк1ынщ,     дэ  лъэпкъит1ым,  мы  нобэ   дызэрыс  щ1ыналъэ   дахэр  щ1ытхуэхъумари.   Ди  бзэр  зэгъунэгъуу  щымытми,      куэдк1э  зэщхьщ  ди диныр,  хабзэхэр, ц1ыхугъэр.    Сэ  къызэрыслъытэмк1э, псом  япэу аращ ди лъэпкъ  зэныбжьэгъуныгъэр  къэзышэри.

Икъук1э  мыхьэнэшхуэ     щи1эщ   гъащ1эм  ди  лъэпкъ  зэныбжьэгъуныгъэм.  Ищхьэк1э  зэрыжыс1ащи,  зы  унагъуэу   щыт  лъэпкъит1ыр  дызэгурымы1уэмэ, щ1эх  дыдэу  дахуэгъэк1уэдынущ.  Балъкъэрхэм  я п1эк1э  нэгъуэщ1  зы лъэпкъышхуэ  гуэр    апхуэдэу  гъунэгъуу  къыдбгъэдэсамэ,  дызэхигъэшыпсыхьыжынри  шынагъуэт.    Апхуэдэ  зэгуры1уэныгъэ  щымы1эмэ, ди нобэрей  махуэк1э къытхуэна  хабзэ  дахэхэр,  ц1ыхугъэ  иныр, нэмысыр  абыхэм  нэмыщ1амэ, тф1эк1уэдыжынк1и  хъунт.

Я Хэку дахэр  яхъумэжын папщ1э   лъэпкъит1ыми    ялъэк1  къагъэнакъым, абы  къыхэк1ыуи  Нэгумэ Шорэ  апхуэдизу  зыщ1эхъуэпса  тхылъыр   къащтэу,  1эщэр  щ1эх  ягъэт1ылъакъым  абыхэм.  Адыгэхэмрэ Балъкъэрхэмрэ  я  тхыбзэм  икъук1э  гъуэгу ц1ык1ущ  къик1уар, ар  зы ц1ыху гъащ1э хъууэ  аркъудейщ.

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зы республикэу   псэу адыгэхэмрэ  балъкъэрхэмрэ    я  литературэм  лъэпкъ  зэныбжьэгъуныгъэ темэр —    къызэрыхэщыжыр  мащ1э  дыдэущ. Ауэ, мащ1э  дыдэми   апхуэдэхэри ди1эщ.  А  темэр псом  хуэмыдэу  зи  тхыгъэхэм  нэхъ  къыхэщыжыр    Адыгэ литературэмрэ, искусствэмрэ   зегъэужьынымк1э  псэемыблэжу  лэжьыгъэшхуэ    зыгъэзэщ1а, Къэбэрдей – Балъкъэрым и ц1ыхубэ усак1уэ, тхак1уэ Щомахуэ   Амырхъанщ. Щомахуэм  и тхыгъэ  купщ1аф1эхэм  гъэсэныгъэ-ущийныгъэ  мыхьэнэ  пыухык1а  я1эщ,  абыхэм  ц1ыхур ф1ым  хуаущий, 1ейм  щагъэмэхъашэ,  я  нэхъыбэр  ц1ыхубэ усыгъэм    и  ухуэк1эм  ещхьщ  ик1и  абы  къыхэк1к1э  ахэр  тхылъеджэхэм  гурыхь   ящохъу.   Щомахуэм и1эщ  тхыгъэ  зыбжанэ  адыгэхэмрэ  балъкъэрхэмрэ я лъэпкъ  зэныбжьэгъуныгъэм  теухуауэ. Апхуэдэщ: «Зэкъуэшит1» – жыхуи1э  тхыгъэр.  Рассказым   къызэщ1иубыдэр  Хэку зауэшхуэ  зэманырщ.  Къэралбий  и адэ  Мусэ   зауэм  дэк1ын  хуейуэ   тхылъ  къыщы1эрыхьэм  абы и къуэр (абы  хуэдэ куэд а зэманым  здэщы1э)  детдомым   ирет.  Сабий  унэм  Къэралбий  ныбжьэгъу  къыщыхуохъу  балъкъэр щ1алэ  ц1ык1у  Чапай. Нэмыцэхэр  гъунэгъу  къэхъуу хъыбар  къащы1эрыхьэм, Чапай  и  адэшхуэр  къок1уэ  и къуэрылъхур  ишэжыну,  арщхьэк1э,  и  ныбжьэгъур  къигъанэу     Чапай  к1уэжын  идэркъым.   Токъай  л1ыжьым  сабийт1ыр  зэгъусэу    бгы  гъуанэм  щегъэпщк1у.  Зауэр теувы1эу, детдомыр къызэ1уахыжа  иужь  ц1ык1уит1ыр  абы  къашэж.   Зауэр иуха  нэужь  Къэралбий  и адэм и  бгъэм  орденхэр  къыхэц1уук1ыу  къигъэзэжащ, и  къуэм и гъусэу  абыхэм  Къэралбий  и ныбжьэгъу пэж Чапай  хьэщ1ап1э  здашэр.  Иужьк1э  къызэращэмк1э  Чапай  и  адэмрэ  Мусэрэ  зэгъусэу зауэм зэныбжьэгъу пэжу  хэтат.  Чапай и  адэр дунейм  щехыжым  Мусэ абы псалъэ  быдэ иритат, и къуэр ейм хуэдэу  ф1ыуэ  илъагъуну, ип1ыну.  Мусэ   щ1алэ  ц1ык1уит1ыр ип1ыну зрешал1эжри. Зы анэ  къимылъхуами   а  т1ум  нобэ  щыщ1эдзауэ  зэкъуэш   ц1эр  яф1ещ.

Икъук1э  купщ1эшхуэ,  гупсысэшхуэ  и1эщ  мы рассказым,  текст  лъабжьэм  щ1элъ  гупсысэр   куущ,  мыхьэнэшхуэ  зи1эщ.  Тхак1уэм  къигъэлъагъуэм хуэдэу    зэкъуэшу,  зыкъуэту    а  зэманым псори бийм  пэщ1эмытамэ, къэхъунур  шынагъуэт.  Гуауэм гъунэгъу  узыхуещ1, узырешал1э жа1э, ауэ  абы и закъуэкъым  ущызыкъуэтын хуейр.  Дунейр  мамыр  хъужа  иужь  Мусэ  балъкъэр  щ1алэ ц1ык1ур    и   унагъуэм  къешэри  езым  къуэ, и къуэм  къуэш  хуещ1.

Мы  рассказыр 6-нэ  классым   я учебникым  итщ. Икъук1э мыхьэнэшхуэ   и1эу  къысщохъу, зи  гупсысэм   зиукъэбз   сабийм   и пащхьэм  лъэпкъ  зэныбжьэгъуныгъэм   укъыхуезыджэ тхыгъэ зэрыралъхьам,   школ  программэм  зэрыхагъэхьам щхьэк1э.  Рассказым  щапхъэ  зытехыпхъэ   л1ыхъужь  куэдым  дащрохьэл1э,   мамрыгъэм,  ныбжьэгъугъэм  укъыхуезыджэ  гупсысэхэрщ  рассказым  щыпхышар.

Псом хуэмыдэу Щомахуэм и творчествэр  къулей  къэзыщ1ахэм,  ар  тхылъеджэ   нэхъыбэм  къезыгъэц1ыхуахэм   ящыщ  зыщ  абы и роман  «Бгырыс шухэр»   жыхуи1эр.

Романыр  Амырхъан  и 1эдакъэм  1968-1969  гъэхэм къыщ1эк1ащ.  Романыр теухуащ  лъагъуныгъэм, лэжьыгъэм,  ныбжьэгъугъэм, зэкъуэшыныгъэм,  пэжыгъэм,  нэгъуэщ1хэми.   И тхыгъэм  сыт  хуэдэ  1уэхугъуэ  къыщимы1этыми  Щомахуэр  зыхуэк1уэжыр  зыщ,  сытым  дежи ц1ыхугъэ  пхэлъу, упэжу, уи гум  ф1ы илъу   упсэун   зэрыхуейрщ. Романым  щ1элъ  гупсысэ  нэхъыщхьэр лъэпкъ  зэныбжьэгъуныгъэрщ. Щомахуэм  къигъэлъагъуэжыр езыр ф1ыуэ  зыщыгъуазэ, и зэманым  къэхъуа  1уэхугъуэщ, псэук1эщ1эр  зыухуахэмрэ, абы хэпсэук1  гуащ1эдэк1хэмрэщ  тхак1уэм и къалэмыр  къызхуи1этыр. Балъкъэрхэр  Хэкум  ирагъэк1ауэ  романым щ1едзэр,  зыми  зэпищ1эж  хуэдэтэкъым иджы  лъэпкъит1ыр, ц1ыхухэм я кум дэлъ   лъагъуныгъэм  нэмыщ1а.   А лъагъуныгъэр  Щомахуэм     къигъэлъэгъуащ  романым дызщрихьэл1э ныбжьыщ1ит1ым  1эминатрэ  Мустэфарэ  я  образхэмк1э.  1эминат  ф1ыуэ  илъагъу  балъкъэр щ1алэр  Хэкум    ирашащ, езыри абы  пэплъэурэ  къыдэнэжынк1э  мэшынэри и адэ – анэм  ар     нэгъуэщ1ым  ират.  Къазбэч  нэпсейуэ, былымаблэу, къыщ1ок1ри   зы махуэ   ц1ыхубзыр  игъэтыншкъым. Романым  къызэрыхэщыжымк1э абы и адэ – анэри (Беймырзэрэ Хьэнифи) нэпсейщ  я къуэр  лэжьак1уэ  Тырнауз  щагъак1уэк1э,  ахъшэ  лей  имыгъэк1уэдыну, улахуэ  нэхъыбэ щат  лэжьап1эм  увыну  унафэ  хуащ1. Аращ  щ1алэр зэрыц1ык1урэ  зыхуагъэса  нэпсейныр  ин  хъуа иужьк1и  щ1ыхузыхэмыныр.

Балъкъэр  лъэпкъыр  хуит  къащ1ыжа иужь  Мустэфа  къегъэзэжри   1эминатрэ абырэ  я  насыпыр  зы  ящ1.

Дигу къэдгъэк1ыжынщи, Балъкъэр    лъэпкъыр   мартым и 8-м 1944 —   гъэм   Хэкум  ирагъэк1ауэ  щытащ.

Мартым и 28-м 1957  гъэм,    Балъкъэр  лъэпкъым  и  Хэкум  къигъэзэжыну  хуит  зэращ1ымк1э  унафэ къащтащ.

Щомахуэр  партийнэ  лэжьак1уэу  зэрыщытам  ижь  щ1имыхуу  къэнакъым  абы  и тхыгъэхэми. Амырхъан  и романым  хэт  1эминат  и образымк1э  Къэбэрдейр  зэрыщыту  къигъэлъэгъуащ,  ар  дахэщ, бжьыф1эщ,  и гурэ и  щхьэрэ  зэтелъщ, лэжьак1уэ  нэсщ, щ1эныгъэ  и1эщ,  ауэ   ар (Къэбэрдейр)  Щомахуэм  зэритхымк1э   насыпыншэщ  и  1эплъэпкъым  щыщым  хуэдэу   ф1ыуэ илъагъу,  балъкъэр  лъэпкъым  и  л1ык1уэ  Мустэфа   пэ1эщ1эщи.

Гу  лъумытэу  къанэркъым  Балъкъэр  лъэпкъым  щхьэк1э, адыгэ  шахтер  щ1алэхэм  «къуэш» – псалъэр  щыжа1эк1э,   ищхьэк1и  зи гугъу  сщ1а  унагъуэращ  Щомахуэми  дигъэлъагъуну зи ужь  итыр, е  дыкъызхуриджэр.  Балъкъэрхэм  Хэкум  къагъэзэжыну  хуит  ящ1а  иужь  Адыгэхэр  абы  хуабжьу  щогуф1ык1, уеблэмэ,  езыхэр  зыщ1эс  унэм  щыщ  пэш   ират  егъэзып1э  гуэр   ягъуэтыху. Апхуэдэхэм  дежщ  ныбжьэгъугъэр  къыщагъэлъагъуэр,  ц1ыхугъэ   нэсри  зищ1ысри     къыщащ1эр.  Адыгэхэм  – Адыгагъэ  нэсыр – зыхуэдэр  къагъэлъэгъуащ,  я  къуэшхэм  ялъэк1ымк1э  ядэ1эпыкъуащ.

Апхуэдэу, лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэ темэр  къыщы1этащ  Щомахуэ   Амырхъан 1979  гъэм  и 1эдакъэм    къыщ1эк1а  «Бэчмырзэрэ  Кязимрэ» – жыхуи1э  усэм. Усэр   едзыгъуипщ1 мэхъу,  стопайпл1 хъу ямбк1и  тхащ, к1эух  рифмэк1и гъэпсащ.

Тхак1уэм мыр хуиусащ, лъэпкъит1ми   я  ц1ыху  пажэхэу Пащ1э Бэчмырзэрэ, Кязим  Мечиевымрэ.  Лъэпкъ  литературэм  зегъэужьыным  япэ  лъэбакъуэ  хэзычахэм  ящыщщ  т1ури.  Щомахуэм къегъэлъагъуэр   мы т1ури зыкъуэту, зэныбжьэгъуу, абык1э  лъэпкъит1ым я зэхущытык1эр къигъэлъагъуэну яужь  итщ. Абы щыхьэт тохъуэ мы псалъэхэр:

Псалъэ 1ущхэр усэ  хъужти,

Техуэрт  шэуэ  бийм  я  гущхьэм.

Л1ыуэ  т1ури  мышынэжти,

Щхьэщэ  зымыщ1т залым  пащхьэм.

 

Мы  усэм  зи гугъу  щищ1ыр  мы ц1ыхушхуит1ым  я   закъуэкъым,  мы  т1ум  я  образымк1э  къэгъэлъэгъуащ  лъэпкъит1ым я  дуней  тетык1эр.

Тхыбзэ дызэримы1ам и зэран  куэд  къызэрыдэк1ар   иджыри зэ ди  ф1эщ  ищ1ыжу  етх   Щомахуэм мы  сатырхэр:

Къажьдэк1  усэр, ятх  уэрэдыр

Я1ыгът   ц1ыхум, я1ыгът  гук1э.

Ауэ мащ1эт  яф1эк1уэдыр,

Азбукэншэм и зэранк1э!

Ц1ыхум я гум  илъар  быдэу,

Ягъэлъап1эу  дыщэм хуэдэу

Къахьащ усэр, къытхуэлажьэр,

Ди поэзием  хуэхъуар  лъабжьэ.

Къэбэрдей – Балъкъэрым исщ  лъэпкъит1   езым  я  хабзэ  зырызырэ,  дуней  еплъык1э зырызрэ   я1эжу.  Щы1эщ   лъэпкъ  куэд  къыбгъурыс  лъэпкъым  хэшыпсыхьыжауэ,  абыхэм  елъытауэ   дэ,  лъэпкъит1ри,  дынасыпыф1эщ,      ди  хабзэр  ди1эжщ,  ди  диныр  зыдохьэр,  ди  бзэ  дахэр  т1урылъщи. Нэгъуэщ1  лъэпкъ  1эджи  щы1эщ  зэрыук1ыжауэ, хэк1уадэжыпауэ  щ1ы  к1апэ  щхьэк1э. Зыр зым  пщ1э  хуэтщ1ым  дызэры1ыгъым,  дызэрылъытэм  си  ф1эщ  хъуркъым  лъэпкъыу  щы1эр  къыдэхъуапсэу,   къуэшыгъэр  зищ1ысыр  дгъэлъагъуэу,   усэхэр  тхузэхалъхьэу,  дыбжьыфэу  дыкъемык1уэк1ыну.

З. Хь. Щомахуэ

КъБКъУ-м и адыгэбзэмрэ литературэмк1э кафедрэм и 1 курсым магистратурэм щеджэ

Related posts

Leave a Comment