Адыгэбзэ

Бзэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэщ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ иджыблагъэ екIуэкIащ нобэ адыгэбзэм и Iуэху зы1утым, адэк1э абы и зыужьыIкэ хъунум теухуа зэ1ущ1э. Абы хэтащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, абы и къуэдзэ, КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур, ДАХ-м и Исполкомым хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э и министр Семэн Пщыкъан, Бизнесымк1э Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и ректор Хъурей Феликс, «Эльбрус» тхылъ тедзап1эм и унафэщI Ацкъан Руслан, «Хэку» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Нэк1ацэ Владимир, … Бейтыгъуэн Мусер, Бзэхэр зэрадж щ1эныпхъэ институтым и лэжьак1уэ Хьэц1ык1у Раисэ сымэ.
— Нобэ мыбдеж дыщ1ызыхуэсар лъэпкъыр щызыгъэ1эж, хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу абы бгъэдэлъ бзэр хъума зэрыхъуным, ар адэкIи зэредгъэIфэкIуэным теухуа ди Iуэху еплъык1эхэмкIэ дызэдэгуэшэну аращ, — жиIащ зэIущIэр къыщызэ1уихым Сэхъурокъуэ Хьэутий. – Лъэпкъыр лъабжьэ быдэ иIэу щы1эн, абы зиужьыурэ и пэкIэ кIуэтэн, и цIыхухэр быдэу зэры1ыгъыу къызэдек1уэк1ын папщ1э япэ дыдэу гулъытэ зыхуэщ1эн хуейр бзэращ. Тхьэм къыт1урилъхьа бзэр хъумэныр ар дэтхэнэ зыми и къалэнщ. И чэзу хъуауэ къыщIэкIынщ адыгэм псоми зы литературэбзэ ди1эным. ДАХ-р илъэс 21-рэ хъуауэ зи ужь ит 1уэхущ мыр. Абы теухуа Iуэху еплъыкIэ куэди утыку кърахьащ, зэдауэ мащIи екIуэкIакъым. Иджы зы 1уэхум дыкъытеувы1эу, нэхъ тэмэму куэдым къалъытэ зы еплъык1э утыкушхуэм итхьэн хуейщ. Япэщ1ык1э Хасэм и Исполкомым дыщытепсэлъыхьынщ, итIанэ къэрал Iуэху тщ1ынщ.
Япэ псалъэ зрата Бейтыгъуэн Мусер тепсэлъыхьащ алфавитым хэлъхьэн хуей зэхъуэк1ыныгъэхэм ик1и къыхигъэщащ, псом япэрауэ, ар бзэр зы1урылъхэр тыншу еджэфу, тхэфу егъэсэным хуэгъэпсауэ зэрыщытыпхъэр. Щапхъэхэр къигъэлъагъуэурэ и Iуэху еплъыкIэм къызэхуэсахэр щыгъуаза ищ1а иужь, унафэ къащтащ абы хэлэжьыхьыжу республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмк1э и министерствэм хуагъэхьэну, ит1анэ иджыри зэ ДАХ-м и утыку къыщрахьэну, адэк1э «Адыгэ псалъэ» газетми къытрадзэну. Псом япэу зи 1уэху еплъыкIэ къэщ1эн хуейр нэхъыбэу абы ирилэжьэну егъэджак1уэхэращи, Iэмал имыIэу ахэри щыгъэгъуазэу я гупсысэр 1уэхум къыхэлъытэн зэрыхуейр псоми здэарэзыуэ къыхагъэщащ.
— Нобэ дызэреджэ, дызэрытхэ алфавитыр яуб щхьэк1э, ар зэхэзылъхьахэр гупсысэ шэщ1а хэлъу 1уэхум бгъэдыхьащ, — жи1ащ Хьэц1ык1у Раисэ. – Нобэ утыку кърахьа 1уэху еплъыкIэм ущ1ызэдэуэн куэд хэлъщ, алфавитыр зэхъуэкIын хъумэ, ар нэхъ тынш зэрыпщIынырщ узэлэжьын хуейр.
Адэк1э Раисэ тепсэлъыхьащ ШэджыхьэщIэ Марие иубзыхуауэ щыта структурнэ методикэр и лъабжьэу адыгэбзэр зэрырагъэдж хъуну экспериментальнэ пособиехэр зэрагъэхьэзырам, ягу къигъэк1ыжащ а бзылъхугъэ 1ущым и къэхутэныгъэмк1э гъэунэхуныгъэ дерсхэр зэрырагъэк1уэк1ар, ар урысей щ1эныгъэл1 куэдым ехъул1эныгъэшхуэу къалъытэу жа1ахэр, абы теухуауэ ятхахэр.
— «Адыгэ псалъэ» зыфIэтща тхылъхэр утыку къихьэнымкIэ дэ1эпыкъуэгъушхуэ къытхуэхъуащ БизнесымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр, — жи1ащ Хьэц1ык1ум. – Дэ къызэрытлъытэмк1э, структурнэ методикэм и къалэн нэхъыщхьэр бзэр хъумэнырщ. Ар тещIыхьащ бзэм и псалъэ къэхъукIэ 1эмалхэм. А методикэр къытхуэгъэсэбэпмэ, абы тхэк1эри псэлъэк1эри нэхъ тэмэм, убзыхуа, къулей ящ1ынущ. Къищынэмыщ1ауэ, а бзэр зыIурылъыр абы ирипсэлъэну хуейуэ щ1ынымкIэ зы 1эмалыф1щ. «Псалъэ къэхъук1э ебгъащ1эк1э бзэр ящ1эну?» — апхуэдэу жа1э 1уэхум куууэ хэмыплъахэм. Псалъэ къохъу, ар бзэм къыщыдгъэсэбэпк1эрэ нэхъ къулей мэхъу. Нэхъыщхьэу а методикэм хэлъым щыщу къыщ1эк1ынщ зы мыхьэнэк1э зэпха псалъэ гупышхуэ къызэрыбгъэхъуфыр. Сабийм жи1энумрэ ар къызэрык1 псалъэмрэ тэмэму зэтехуэу къагъэсэбэпыфу ирегъасэ. Адыгэбзэм псалъэу ди1эр зэгъусэу къызэщ1екъуэж а методикэм ик1и сабийм и пащхьэм ирелъхьэ. Гуауэр, гуапэр зэрызэхащ1эм хуэдэу псалъэр зыхащ1эу егъэсэн хуейщ сабийр.
— Илъэс 1эджэ щ1ауэ дуней псом адыгэр щикъухьауэ допсэу ик1и дэнэ щы1эми и бзэр зэрихъумэжыным хущ1экъуу къэгъуэгурык1уащ, — жи1ащ псалъэмакъым къыпищэу Хьэф1ыц1э Мухьэмэд. – 1969 гъэм япэу Сирием сыщык1уам, иужьк1э 1971 гъэм Тыркум сыщыщы1ам сэ гу лъыстащ абы щыпсэу адыгэхэм зыри къадэмы1эпыкъуу, а нобэ дэ гугъу дызыдехь алфавитыр зрагъэщ1ауэ, я анэдэлъхубзэк1э псалъэфу зэрыщытым. Ауэ нобэ адыгэбзэр зыщIэу Сириеми, Иорданиеми, Тыркуми исыр мащ1э дыдэщ. Илъэс 33-рэ хъуауэ Иорданием адыгэ еджап1э щолажьэри, абы ек1уал1э ц1ык1ухэм ирагъащ1эр нэсу къагуры1уэркъым, гук1э зрагъэщ1ауэ зыгуэрхэр къыбжа1эфынущ, «уи ц1эр хэт?» жып1эу уепщ1мэ, жэуап къуамытыжфыну апхуэдэщ. 1972 гъэм Иорданием щыпсэу адыгэхэм я процент 50-м адыгэбзэр ящ1эу щытамэ, нобэ ар зэрыхъужыр проценти 10 къудейщ. Апхуэдэурэ ек1уэк1мэ, зыхэсым хэшыпсыхьыжынущ. Нобэ бзэр зыхъумэну узыщыгугъынур Хэкум исхэращ. Аращи, адыгэбзэр мыбдеж щаджын щхьэк1э а щы1э т1эк1ур дымыгъэкIуэду ар зэредгъэфIэкIуэным дыхущ1экъун хуейщ. Ди тхакIуэ, усакIуэ щэджащэхэм бзэ къулейкIэ ятхахэм зыгуэр къеджэфу щытыну дыхуеймэ, алфавитым куууэ дыхэIэбэ хъунукъым. ДыхэIэбэмэ, иджыпсту я анэдэлъхубзэк1э еджэу ди1э т1эк1ури тф1эк1уэдынущ. Нэгъуэщ1 лъэныкъуэк1э 1уэхум укъыщеплъмэ, апхуэдиз тхылъхэмрэ учебникхэмрэ къытхудэгъэк1ыжыну?!
Псалъэм папщ1э, Китайм иероглиф мини 5-м нэс къагъэсэбэп. Университетым щеджэ студентым мини 3-м нэс ищ1эн хуейщ. Дэ дыдейм а хьэрф 59-р зэбгъэщ1эну апхуэдизу гугъу-т1э? Алфавитым ухэ1эбэми, хьэрф зэгуэту хэт зытхухыр адыгэ псоми зэтехуэу къэдгъэсэбэпу зэтхъуэк1ын хуейуэ аращ. Ар илъэс зыбжанэ и пэк1э КъБР-м и Парламентым къыщыхалъхьауэ щытащ, ауэ ди къуэш республикэхэм къыдда1ыгъакъым.
Адэк1э Мухьэмэд тепсэлъыхьащ «Адыгэбзэр бджыну гугъущ», — жаIэурэ къалэдэс адэ-анэхэм я бынхэр а дерсхэм зэрамыгъакIуэм ик1и къыхигъэщащ бзэр хъумэныр къыщежьэр унагъуэрауэ щыщытк1э абы и мыхьэнэр зыхуэдэр, ар тфIэкIуэдмэ, лъэпкъыр хэк1уэдыжын шынагъуэ зэрыщы1эр, псом япэрауэ, балигъхэм ягурыгъэ1уэн зэрыхуейр.
— Узыгъэгулэз Iуэху ущрихьэлIэкIэ: «Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар сыт? – жып1эу упщ1э бгъэуву абы и жэуапыр къэлъыхъуэн хуейщ, — жи1ащ Семэн Пщыкъан. – Сабийм и бзэр хузэмыгъэщ1эжмэ, е егъэджак1уэр и къалэным тэмэму пэлъэщкъым, е ар зэрылажьэ методикэр хъуркъым. 1уэхур ебгъэф1эк1уэным теухуауэ къыхэплъхьэ дэтхэнэ еплъык1эми ф1ыуи 1ейуи хэлъыр зэпэлъытын хуейщ, абык1э гъэунэхуныгъэ щхьэхуэхэр егъэк1уэк1ыпхъэщ. Дэ сыт хуэдэ гупсысэ утыку къитхьэми, сыт хуэдэ Iуэху етхьэжьэми, ц1ыхум я ф1эщ хъууу щытын хуейщ. Япэ дыдэу къыбдэзы1ыгъын хуейр а лэжьыгъэм пэрытырщ. Дэ нобэ дызытепсэлъыхь 1уэхур ипэк1э зыгъэк1уэтэныр егъэджак1уэхэращи, ди гупсысэр абыхэм къыдда1ыгъыу, еплъык1э къыхэтлъхьэхэмк1э арэзыуэ щытын хуейщ. Зыгуэрым унафэ тепщ1ыхьн щхьэк1э а 1уэхум ф1ыуэ хэзыщ1ык1ым и чэнджэщ дыхуэныкъуэщ, абы ирилажьэхэр къыхэтлъхьэ гупсысэмк1э арэзымэ, гъэунэхуныгъэхэр егъэк1уэк1ауэ утыку къипхьэ хъунущ.
КъБКъУ-м и адыгэ къудамэм щеджэхэм я щ1эныгъэм арэзы укъызэримыщ1ыр, уеблэмэ я анэдэлъхубзэк1э тэмэму зэремыджэфыр узыгъэгузавэ 1уэхуу зэрыщытыр жи1ащ Ацкъан Руслан. Абы къыхигъэщащ ар къэзыухахэм школхэм ягъэзэжу сабийхэр ирагъэджэн хуей щыхъук1э, щ1эблэм 1урылъыну бзэри зыхуэдэр гуры1уэгъуэ зэрыхъур. Учебникхэм я гугъу щищ1ым Ацкъаныр тепсэлъыхьащ нэхъапэм министерствэм епхауэ учебно-методическэ совет лажьэу зэрыщытам, абы егъэджак1уэ нэхъыф1хэр хэту дунейм къытехьэну тхылъхэр зыхуэдэр къапщытэу зэрек1уэк1тэм ик1и къыхилъхьащ а 1уэхур къыдэхыжыпхъэу.
— Ди бзэр щытык1э гугъу зэрихуар къегъэлъагъуэ университетым и адыгэ къудамэм щ1эт1ысхьэну зи тхылъ зытам я бжыгъэм. Ар зы ц1ыху закъуэщ… — жи1ащ Хъурей Феликс. – Бзэм и 1уэху дэгъэк1ынымк1э, ар егъэф1эк1уэнымк1э ди институтыр сытк1и дэ1эпыкъуэгъу хъунущ. «Адыгэ псалъэ» тхылъыр хьэзыр щыхъум къыдэдгъэк1ащ. Абык1э гъэунэхуныгъэ дерсхэр Старэ Шэрэдж, Урыху къуажэхэм щрагъэк1уэк1ащ ик1и хъарзынэу къайхъул1ауэ къалъытащ. Апхуэдэ дерсхэр нэгъуэщ1 еджап1эхэми щегъэк1уэк1ауэ, а методикэм и мыхьэнэр нэсу гъэунэхун хуейщ. Дызыщ1эгупсысыжмэ, нобэ анэдэлъхубзэр джыным и 1уэхур щытык1э гугъу дыдэм къихутащ.
АдэкIэ Къэжэр Артур тепсэлъыхьащ адыгэбзэм и 1уэхук1э КъБКъУ-м щек1уэк1 лэжьыгъэм. Абы къызэрыхигъэщамк1э, мы зэманым гуманитар щ1эныгъэр къыхэзыххэр к1уэ пэтми нэхъ мащ1э мэхъу, ныбжьыщ1эхэм нэхъыбэу зытрагъащ1эр юрист, экономист 1эщ1агъэхэрщ. Адыгэбзэм хуеджэну гупыж зи1эр зэрымащ1эм, бзэр фIыуэ зэрамыщ1эм и щхьэусыгъуэр къыщылъыхъуапхъэр школхэрауэ зэрыщытыр къыхигъэщащ абы. Апхуэдэуи и гугъу ищIащ факультет псоми япэ курсым щ1эсхэм зы илъэск1э адыгэбзэр зэрыщрагъэджым, абык1э экзамен къызэрыIахыжым. Къэжэрым и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, мыбдежми студентхэр а сыхьэтыр зэрыдагъэхуным иужь итщ, уеблэмэ абыхэм я адэ-анэ къулыкъущ1эхэр я бынхэм адыгэбзэр джыныр «къытрамыгъэхьэлъэну» щ1олъэIу.
— Адыгэбзэр джыным и Iуэхур зыхуэкIуар гущIыхьэщ, — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, — ауэ хэкIыпIэ гуэр къыхуумыгъуэтыфын хуэдэу щыткъым. Псалъэм папщ1э, адыгэ отделенэм щ1эт1ысхьэхэм я бжыгъэм тхухэгъэхъуэжынущ. Нэхъ мыхъуми район къэс зы цIыху тхущ1эгъэт1ысхьэн хуейщ. Бзэр зи акъылым нэхъ хэпща, ар шэрыуэу зыIурылъ ныбжьыщIэхэр Iуэхум нэхъ зэрытегъэгушхуэн Iэмалхэр, хэк1ып1эхэр къэлъыхъуапхъэщ. Дыщыпсалъэк1э псори дыадыгэ нэсщ, адыгэгу тк1уэц1ылъщ, дыкъызыхэк1а лъэпкъым Iурылъ бзэр ефIэкIуэнымк1э зыми зыри тхузэфIэмык1ыу дыкъыщIедзыж. Нобэ къетхьэжьа Iуэхур тхылъымпIэм иту къэмынэжу, ар гъащIэм хэпща зэрыхъуным дыхущIэкъупхъэщ.

Щхьщэмыщ1 Изэ.

Related posts

Leave a Comment