ДАХ-м и зэIущIэ
Я мурадхэри зыгъэгумэщIхэри лъэныкъуэ ирамыгъэзу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыр иджыблагъэ Налшык къалэ махуитIкIэ щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу республикэм и щыхьэрым щызэхэта зэIущIэшхуэм кърихьэлIащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Апхуэдэу зэхэсым жыджэру хэтащ Тыркум, Европэм, Иорданием, Сирием, Израилым щыIэ Адыгэ Хасэхэм я унафэщIхэмрэ Iуэхузехьэхэмрэ. ДАХ-м и зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэсанэ Аслъэн, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министр…
Дальше