Кавказ зауэр зэриухрэ 156-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу
Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Мы гъэм илъэси 156-рэ ирокъу Кавказ зауэр зэриухрэ. Дунейм зауэ гуащIэ, лъагъажэ куэд зэрытетар тхыдэм ещIэж. Ауэ Кавказ зауэм, абы и кIыхьагъым, абы хэкIуэдахэм я бжыгъэм, лъэпкъым къыхуихьа къулейсызыгъэм тепщIыхьмэ, зыми ебгъапщэ мыхъун зауэт ар. Псом хуэмыдэу адыгэ лъэпкъым леишхуэ къыщытехьащ а зауэм, цIыхуипщIым щыщу бгъур е яукIащ, е и хэкур ибгынэн хуей хъуащ. Нобэ узэплъэкIыжрэ, илъэси 101-кIэ екIуэкIа а зэпэщIэувэныгъэм уриплъэжмэ, нэрылъагъу мэхъу лъэпкъым къытехьа лейм, зыхэхуа щIэщхъум и кууагъымрэ дыджагъымрэ. Зауэ губгъуэм ит зауэлIым и закъуэкъым а лейр зылъысар. АтIэ я жьэгужь къагъанэу хамэ гъуэгу траша…
Дальше