Адыгэхэр (шэрджэсхэр) Берлин щекIуэкIа культурэхэм я карнавалым хэтащ
Ди щыпхъу лъап1эхэ, ди къуэщ лъап1эхэ! Гъэ къэс Берлин щек1уэк1 Културхэм я Карнавалым мелуаным нэс ц1ыху къок1уал1э, ищ1-бгъущ1ым нэс гупхэр хэтхэщ. Мыгъэм дэри ещанэу 45 нэрыбгэк1э Културхэм я Карнавалым дыхэтащ. «Езанэ радио» (Radio eins) къызэрыжи1амк1э адыгэхэри Култур’хэм я Карнавалым «хэпща» хъуащ. Мы гъэм унафэ тщ1ат ди гупым хэтынухэм 1эмал имы1эу е фащэ е адыгэ тхыпхъэхэр къэзыгъэлъагъуэ щыгъыныгъуэр зыщат1эгъэн зэрыхуейр. Мы ди унафэр дгъэзэщ1эным мазэ зыбжанэк1э тхущ1экъуащ, адыгэ джанэр едгъэдащ, бгырыпххэр тщ1ащ, фащэ зи1эхэмрэ хасэм и фащэхэмрэ къэдгъэсэбэпащ, адыгэ тхыпхъэхэр къэзыгъэлъагъуэ щыгъыныгъуэхэр дгъэхьэзыращ. Тк1ийуэ къэтщта мы ди унафэм ехьэл1ауэ мыгъэм ди…
Дальше