ИЛЪЭСЫЩIЭ ХЪУЭХЪУ
ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ! Си хэкуэгъу лъапIэхэ! Илъэсхэм я зэблэкIыгъуэр длэжьахэр къыщытпщытэж, къэкIуэнум худиIэ мурадхэр щыдубзыху зэманщ. Блэк1 2022 гъэр хэт дежкIи тыншу щытакъым. Ауэ а щытык1э гугъум емылъэтауэ, Хасащхьэм хэтхэмрэ ДАХ-м и къудамэу щIыналъэхэм щылажьэхэмрэ куэд зэфIагъэкIащ адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыжынымкIэ, ди хабзэр зехьэнымкIэ, щIалэгъуалэр абы хуэгъэIущынымкIэ, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм ехьэлIа проект гъэщIэгъуэнхэр гъэзэщIэнымкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди къуэшхэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ. Дызэкъуэтмэ, длэжь Iуэхум дяпэкIи фIы куэд къыпэкIуэнущ. А фIыр зыхэлъыр ди хабзэмрэ бзэмрэ зегъэужьынырщ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм дэрэ зэгурыIуэныгъэрэ…
Дальше