Къурмэн махуэ лъапIэмкIэ дывохъуэхъу
Ди ныбжъэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэми, сэри къыдбгъэдэкIыу гуапэу сывохъуэхъу Къурмэн махуэ лъапIэмкIэ! Мы Махуэшхуэм и лъабжьэщ цӀыхум фIыгъуэу илъытэ лъапӀэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэр: гущIэгъур, дэхуэхам дэIэпыкъуныр, псапэр, захуагъэр, тэмакъкIыхьагъыр, зэгурыIуэныгъэр. Дызэрыт зэман мытыншым а лъапӀэныгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ислъамым и фIыгъуэхэр лъэпкъ куэду зэхэт ди хэгъэгуми, ди щӀыналъэми, цӀыхубэми зэрызэхащӀэнум икӀи зэралъэӀэсынум, апхуэдэу я зэкъуэтыныгъэр, зэгурыӀуэныгъэр, зэныбжьэгъугъэр егъэфӀэкӀуэным хуэгъэпсауэ зэрыщытынум шэч хэлъкъым. Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIакIуэныгъэ унагъуэ къэс фиIэну Тхьэм жиIэ! ЕтIэнэгъэ пIалъэ фIыгъуэрэ узыншагъэкIэ нэсын лъэпкъ Тхьэм дищI! Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми, адыгэ цIыхуу дунейм…
Дальше