Iуэху щхьэпэ
Мазэм нэблэгъащ Тыркум, Германием, Иорданием, Сирием, Израилым, Тунисым, Финляндием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щаджу пэIудза курсхэр зэрызэхашэрэ. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм. ЖыIэпхъэщ мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр къызэгъэпэщыныр министерствэм и дежкIэ зэримыщыпэ лэжьыгъэр. Апхуэдэу, ипэIуэкIэ Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэхэр щрагъаджэ курсхэр къызэрагъэпэщат Дунейпсо Адыгэ Хасэм дэщIыгъуу. АдыгэбзэмкIэ дерсхэр ирегъэкIуэкI Табыщ Мурат, урысыбзэр ярегъэдж Щоджэн Iэминат. Дауи, тыншкъым къэрал зыбжанэм щыпсэу адыгэхэм хъыбар ябгъащIэу егъэджэныгъэм къепшэлIэну. Мы Iуэхум и гуащIэ хилъхьащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. ГъэзэщIакIуэ гупым и иужьрей зэхуэсым абы захуигъэзащ зи цIэ къитIуа…
Дальше