Бзэм нэхъ тегъэщIауэ
Мэкъуауэгъуэм и 30-м Анкара (Тырку) пэгъунэгъу Нарткъалэ адыгэ жылэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр щекIуэкIащ. Абы хэтащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь крайхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр. Зэхыхьэм ипэ къихуэу Хасащхьэм хэтхэр щыIащ Тырку Республикэм и къызэгъэпэщакIуэ, абы и япэ президент Ататюрк и мавзолейм икIи протоколым тету, КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшаррэ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ удз гъэгъа Iэрамэр тралъхьащ Ататюрк и кхъащхьэм, итIанэ мавзолейм зыщаплъыхьащ. ЗэIущIэм Iуэхуи 10-м щIигъум щыхэплъащ. Абыхэм ящыщщ адыгэбзэм зегъэужьынымкIэ…
Дальше