Узэкъуэтмэ, улъэщщ!
Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щIышылэм и 23-м щекIуэкIащ зэкъуэш республикищым адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газетхэм я лэжьакIуэхэм я зи чэзу зэIущIэ. «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Адыгэ макъ» (АР), «Черкес хэку» (КъШР) газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Дербэ Тимур, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ сымэ тепсэлъыхьащ хэгъуэгуищым щылажьэ адыгэ редакцэхэм ягъэхьэзыр номер зэгуэтхэм, апхуэдэуи блэкIа илъэсым къыдагъэкIахэм хэплъэжри, 2015 гъэм зэрызэдэлэжьэну щIыкIэри яубзыхуащ. ЗэIущIэм хэтащ «Адыгэ макъ» газе-тым илъэс куэдкIэ щылэжьа, АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чуякъуэ Инус, газетхэм я журналистхэр. Къызэхуэсахэм къыхагъэщащ лъэпкъыбзэкIэ къыдэкI газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр номерхэм мыхьэнэшхуэ…
Дальше