Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Къардэн Самир и фэеплъу
Хъыбар гущIыхьэ къикIащ Хьэшимит пащтыхьыгъуэм. И ныбжьыр илъэс 88-м иту дунейм ехыжащ Иорданиемрэ Урысеймрэ фIыуэ къыщацIыхуу щыта, адыгэ лъэпкъым и къуэ пэж, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Къардэн Самир. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Советымрэ ГъэзэщIакIуэ комитетымрэ хэтхэр яхуогузавэ Къардэн Самир и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ. Къардэныр Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и сенатору щытащ. Мызэ-мытIэу абы къыхуагъэфэщащ министр къулыкъур икIи къэрал кIуэцI, къэрал щIыб политикам хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. 1980 гъэхэм я етIуанэ Iыхьэмрэ 1990 гъэхэм я япэ Iыхьэмрэ ар Иорданием и Профсоюзхэм я федерацэм и пашэу щытащ. Къардэн Самир щIэныгъэшхуэ щызэригъэгъуэтат Амман къалэм. Тхуэнейрэ ар хахыжащ Шэрджэс псапащIэ…
Дальше