Адыгэхэм я махуэм жыджэру фыхэт!
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр иджы япэу щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ. Махуэ зыбжанэкIэ абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIынущ ди лъэпкъым и адэжь лъахэ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Нобэ щыщIэдзауэ республикэм и къалэхэм, районхэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щокIуэкI. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм къыщызэIуах «Адыгэхэр: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. ФокIадэм и 18-м сыхьэт 17-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахынущ «Дэ игъащIэми шэрджэскIэ къыдоджэ» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. Ар игъэхьэзыращ тхакIуэ, публицист, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ФокIадэм и 19-м, сыхьэтыр 18-м гуфIэгъуэ зэIущIэ ин…
Дальше