Адыгэбзэ

ЕтІуанэ Дунейпсо Адыгэбзэ ЩІэнІуатэ

ЕтІуанэ Дунейпсо Адыгэбзэ ЩІэнІуатэ фокІадэм и 27-29, 2013 гъэ. Тыркум и адвокатпсо зэгухьэныгъэм и хьэщІэщу Литаи Хотел, Балгат-Анкара   Программэ   27 ФокIадэ 2013, Мэрем 12:00-13:30     Зыхегъэтхэн 13:30-13:45     ЩIэнIуатэм и къызэIух псалъэ 13:45-15:00     Протокол псалъэхэр 15:00-16:30     Панел 1: ХэкIуэдэну щыт бзэхэмрэ Адыгэбзэмрэ 16:30-17:00     Зыгъэпсэхугъуэ (шей-къэхьэуэ ефэгъуэ) 17:00-18:30     Панел 2. Адыгэбзэмрэ Адыгэ ЩIэнхабзэмрэ (Кулътурэмрэ) 18:30-20:00     Коктейл 28 ФокIадэ 2013, щэбэт Бзэ щIэныгъэрылажьэхэм я зэIущIэ* 09:00-11:00     Зэхэсыгъуэ 1: Бзэ политикэхэмрэ Адыгэбзэмрэ 11:00-11:30     Зыгъэпсэхугъуэ (шей-къэхьэуэ ефэгъуэ) 11:30-13:00     Зэхэсыгъуэ 2 : Бзэ политикэхэмрэ Тхыбзэм…

Дальше
Адыгэбзэ

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд: Урысейм и жэрдэмым Сирие къэралым гугъапIэ ирет

Сирием щыпсэу адыгэхэм даIыгъ а къэралым щыIэ щытыкIэр гъэтэмэмыжыным теухуауэ Урысейм къыхилъхьа жэрдэмхэр, жиIащ КъБР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд фокIадэм и 13-м журналистхэм щаIущIам. «Сэ нобэ сепсэлъащ Сирием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Гугу Акрам икIи абы къызжиIащ Урысейм къыхилъхьа жэрдэмым зауэр ягъэувыIэну Сирием и цIыхухэр зэрыщигъэгугъыр»,- къыхигъэщащ абы. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд апхуэдэу къигъэлъэгъуащ нобэм ирихьэлIэу Сирием адыгэу мини 100 зэрисыр. Абыхэм я нэхъыбапIэм къэрал, дзэ къулыкъухэр ирахьэкI икIи нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуэну иджыпсту я мурадкъым.  Адыгэ Хасэм и унафэщIым зэрыжиIамкIэ, зауэр къызэрыхъейрэ Сириер ябгынащ адыгэу мин 20…

Дальше
Адыгэбзэ

Тхыдэм, мамырыгъэм, хэкур ф1ыуэ лъагъуным теухуа псалъэжьхэр

Ажалит1 щыщымы1эк1э, а зэ л1эгъуэм л1ыгъэ хэлъхьэ. Бзури и абгъуэ щытепщэщ. Бланэ щалъху йок1уэж. Гъэрыр япэ зэрыхьэр и унэщ. Дауэ делэгу щы1эщи, зауэ делэгу щы1экъым. Дауэм и к1эр зауэ хъумэ, зимы1уэхури хок1уадэ. Ди унэжь пхъэжь маф1э. («Уи дей хуэдэ щы1экъым» жыхуи1эщ). Дунейр къэк1ухьи, уи унэ ихьэж. Дыгъужьыр бгъашхэ пэтми, мэзымк1э маплъэ. Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь. Ды1уохьэри даук1, ды1уок1ри дауб. (Зауэм щы1ухьэк1э, къэрабгъэщ жа1эу зрамыгъэубьш щхьэк1э, зыкърагъэук1ыу зэрыщытам псалъэжьыр къыхэ-к1ащ). Джатэ и щ1агь нанэ щы1экъым. Джатэ къихак1э къыпхуэжэм ущымыщти, къуэгъэнап1эм къыкъуэтым хуэсакъ. Джатэр тыным я тыныжщ. Дзэм иуфэкъа лъахэрэ мац1эр…

Дальше
Адыгэбзэ

Дунейпсо Адыгэ зэхуэсым и Унафэ

 Дэ, адыгэ лъэпкъым и лIы­кIуэ­хэр, Дунейпсо Адыгэ Зэхуэсым хэтхэр икъукIэ дытогузэвыхь Сирие Хьэрып Республикэм (СХьР) иджыпсту щекIуэкIхэм. Правительствэм и дзэхэмрэ оппозицэмрэ Iэщэ яIыгъыу илъэситIым щIи­гъуауэ зэрызэпэщIэтым къы­хэкIыу цIыху куэд хэкIуэ­дащ, зэтекъутэныгъэ инхэр щы­Iэщ. ЦIыху минищэхэм псэ­упIэрэ мылъкурэ ямыIэжу къанэри, IэмалыншагъэкIэ къэралым икIын хуей хъуащ. Дунейпсо хабзэхэр къызэпауд, къы­зэ­рыгуэкI цIыхухэм зэраныгъэ емытынымкIэ конвенцэхэр ягъэзащIэркъым. Къы­зэ­­ры­гуэкI цIыхууи дзэм хэтхэм ­ящыщуи хэкIуадэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ мэхъу.  Апхуэдэ щытыкIэм Сирием щыпсэу адыгэу ди хэкуэгъуу къэтлъытэхэр зэрыщыту те­кIуэдэнкIэ хъунущ. Ахэр а къэралым щыпсэу лъэпкъ нэхъ цIыкIухэм ящыщщи, зэпэ­щIэу­вауэ зэзауэ лъэныкъуитIми зы­кIи кърадзэркъым. Псом хуэмыдэу уегъэгузавэ СХьР-ми…

Дальше
Адыгэбзэ

ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэс 99-рэ зэрырикъум теухуа пэкIу Налшык къалэ дэт абы и фэеплъым деж бадзэуэгъуэм и 22-м ще­кIуэкIащ. Зэхуэсым кърихьэлIащ республикэм и министерствэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр, Налшык къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэтхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, журналистхэр, еджа­кIуэ цIыкIухэр.  КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ КхъуэIуфэ Хьэчим пэкIур къызэ­Iуиха нэужь, псалъэ иритащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Дол Анжелэ. — КIыщокъуэ Алим и лэжьыгъэм пщIэшхуэ зэрыхуащIам и щыхьэту,…

Дальше
Адыгэбзэ

Сочэ егъэщIылIа адыгэ къуажэхэм заужь

Сочэ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Пахомов Ана­толий зэрыжиIэмкIэ, 2014 гъэм екIуэкIыну ЩIы­махуэ Олимп Джэгу­хэм, Урысей Федерацэм дуней псом щиIэ пщIэм зэрыхигъахъуэм, спортым и унэтIыныгъэ­щIэ­хэм къэралым зэрызыщри­гъэужьым къи­щы­нэ­мы­щIауэ, а Iуэхугъуэм мы щIы­пIэм исхэми я псэу­кIэр нэхъри иригъэ­фIэ­­кIуэнущ. «Сочэ и гуэдзэн» фIэкIа зы­­къы­зыщымыхъужу екIуэ­кIа Лазаревск куейми дэIэ­пы­къуныгъэ нэрылъагъухэр иджы къыхуокIуэ: олимпиадэм хухаха «дэлэным» къы­гуа­упщIыкIауэ, сом мелуанищэ бжыгъэ къыIэрыхьащ. Ап­хуэдэ «щIэгъэкъуэным» ифI тенджыз Iуфэм Iус жылагъуэхэм я мызакъуэу, бгы­лъэ-мэ­зы­лъэхэм щызэбгрыпхъа къуа­жэхэми заре­кIы­нум шэч хэлъкъым. Абы и щы­хьэтщ Къалэжь къуажэм къы­щыхъу зэхъуэкIыныгъэхэри. ЗэфIэгъэкIын хуейуэ къанэр мымащIэми, иужьрей илъэс зытIущым къриу­бы­дэу мы жылэм я Iуэхур…

Дальше
Адыгэбзэ

Адыгэхэр (шэрджэсхэр) Берлин щекIуэкIа культурэхэм я карнавалым хэтащ

Ди щыпхъу лъап1эхэ, ди къуэщ лъап1эхэ! Гъэ къэс Берлин щек1уэк1 Културхэм я Карнавалым мелуаным нэс ц1ыху къок1уал1э, ищ1-бгъущ1ым нэс гупхэр хэтхэщ. Мыгъэм дэри ещанэу 45 нэрыбгэк1э Културхэм я Карнавалым дыхэтащ. «Езанэ радио» (Radio eins) къызэрыжи1амк1э адыгэхэри Култур’хэм я Карнавалым «хэпща» хъуащ. Мы гъэм унафэ тщ1ат ди гупым хэтынухэм 1эмал имы1эу е фащэ е адыгэ тхыпхъэхэр къэзыгъэлъагъуэ щыгъыныгъуэр зыщат1эгъэн зэрыхуейр. Мы ди унафэр дгъэзэщ1эным мазэ зыбжанэк1э тхущ1экъуащ, адыгэ джанэр едгъэдащ, бгырыпххэр тщ1ащ, фащэ зи1эхэмрэ хасэм и фащэхэмрэ къэдгъэсэбэпащ, адыгэ тхыпхъэхэр къэзыгъэлъагъуэ щыгъыныгъуэхэр дгъэхьэзыращ. Тк1ийуэ къэтщта мы ди унафэм ехьэл1ауэ мыгъэм ди…

Дальше
Адыгэбзэ

«Адыгэ щэнхабзэм и махуэхэр»

«Щэнхабзэм и махуэхэр» зэхыхьэм и етхуанэрей зэ1ущIэшхуэр 2013 гъэм гъатхэпэм и 31 – мэлыжьыхьым и 1 махуэхэм  Германием и Бремен къалэм пэгъунэгъу Ротенбург (Вюмме) къалэм щек1уэк1ащ. Мыгъэрей зэхуэсым и къызэгъэпэщыныгъэр зи пщэ дэлъар Европэм щыIэ Шэрджэс Щэнхабзэ Хасэхэм я Федерацэм хыхьэ Бремен Хасэмрэ Хьэнофэр Хасэмрэт.  А Хасэ ц1ык1уит1ым хэлэжьыхь ц1ыхухэр мащ1э дыдэми я къалэнхэр 1эк1уэлъак1уэу зэф1агъэк1ащ, 1уэхури дахэу утыку кърахьащ. Абы егугъуа дэтхэнэ зыми ф1ыщ1э хуэфащэщ. Зэхуэсым къекIуэл1ахэм я пэшхэр зрагъэгъуэту т1эк1уи загъэпсэхуа нэужь, гуф1эгъуэ зэ1ущ1эм щ1идзащ. Ар ф1эхъус псалъэк1э къызэ1уихащ  Уджыхъу Ихьсан. Нарт эпосым щыщ пычыгъуэхэр зы гупым —…

Дальше
Адыгэбзэ

«ЩIэб­лэр бгъасэмэ – къыпхуэса­къынщ, бгъэсэхъумэ – лъаб­жьэ­кIэ уихьынщ»

Адыгэ псалъэ» газетым къыхилъхьауэ, КъБР-м Егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щри­гъэ­кIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалым и зи чэзу Iы­хьэр йокIуэкI. Иджыблагъэ абы щыпащащ Прохладнэ куейм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм и 2-нэ школым.  Адыгэбзэмрэ хабзэмрэ я ма­хуэшхуэм хуэдэу екIуэкIащ а школым и лэжьакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ я зэ­фIэкI­хэм я гъэлъэгъуэны­гъэр. Фестивалым и зэхэлъы­кIэм мы гъэм зэхъуэкIыныгъэ ма­щIэ игъуэтащ. Псалъэм пап­щIэ, дерс зэIухахэм я пIэкIэ мастер-классхэр хагъэхьащ. Адыгэбзэр щрагъэдж пэшхэм, егъэджакIуэхэм я зэгухьэныгъэр зэрылажьэ планхэм я щытыкIэм кIэлъыплъын мурадхэри щIагъуащ хабзэ хъуауэ щыIа къэпщытэкIэм. Зэптий…

Дальше
Адыгэбзэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхыгъэхэм я дэфтэр

Мурадхэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъ­къэр, Къэрэшей-Шэрджэс рес­­­пуб­ликэхэм, къищынэ­мы­­щIауэ ди лъэпкъэгъухэр щы­п­­сэу къэралхэм (Тыркум, Си­рием, Иорданием, США-м, Гер­манием, нэ­гъуэщI­хэми) адыгэ литературэм, лъэ­пкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, щIэны­гъэм, егъэджэныгъэм, спор­тым зы­щегъэужьыным хуэщхьэпэн. Къалэнхэр ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Iэ­на­­тIэ­хэм ехъу­лIэныгъэш­хуэ­­хэр иужь­рей илъэсхэм щы­­зыIэ­ры­зыгъэхьа цIыху зэчиифIэхэр (е гуп щхьэ­хуэ­­хэр) гъэ­лъэ­­пIэн. УнэтIыныгъэхэр ДАХ-м игъэува тыгъэхэр зы­хуэ­фащэхэр къыщыхах унэ­­тIы­ны­гъэ­хэр: – адыгэ тхыдэр къызыхэщ литературэ тхыгъэ (роман, повесть, рассказ, новеллэ, пьесэ, поэмэ, усэ Iэрамэ); – театрым, кином, телевиденэм щагъэува, щытраха теплъэ­гъуэхэр; – къэфакIуэ гупхэм я зы­къэ­­гъэлъэгъуэныгъэхэр; – адыгэхэм ятеухуа тхыдэ, художественнэ къы­дэ­кIы­гъуэ зэ­ры­Iыгъхэр; – макъамэ, сурэтыщI гъуаз­джэ IэдакъэщIэкIхэр; – тхыдэ, этнографие,…

Дальше
Адыгэбзэ

Сирием къикIыжахэм я унэцIэхэр

1. Абазэ 2. Абыдэ 3. Апыщ 4. Аулъэ 5. Абей 6. Ацумыжь 7. Бэлагъы 8. Бахъуэ 9. Багъ 10. Бекъщокъуэ 11. Батырдэгу 12. Бекъул 13. Бэджмыкъуэ 14. Быж 15. БэшкIур 16. Бидэнокъуэ 17. Вындыжь 18. Гъыш 19. ГъукIэлI 20. Дыгъужь 21. Дэпчэн 22. Джырэндокъуэ 23. ДыщэкI 24. Джэху 25. Дэдэхъу 26. Джэтауэ 27. Джэрыкъуэ 28. Джэмокъуэ 29. Емуз 30. Ездэч 31. Елджэрокъуэ 32. Емызэкъуэ 33. Жылэхьэж 34. Къардэн 35. Къамбий 36. Къанщауэ 37. Къат 38. Къуэщ 39. Къарэ 40. КIэрэф 41. Кхъуэныхь 42. КIэдыкIуей 43. Къаздэхъу 44. Къумыкъу 45. Къэбардэ…

Дальше
Адыгэбзэ

Анэ­дэлъху­бзэм и дунейпсо махуэм теухуауэ

Ар къызэригъэпэщат IуэхущIа­пIэм и лъахэхутэ къудамэм, лэ­жьы­гъэр зыубзыху-методикэ къудамэр и дэIэпы­къуэгъуу. Иужьрейм и лэжьакIуэ Атэлыкъ – Парзиевэ Мирэ къызэхуэсахэм хьэщIэхэр яригъэцIыхуащ. Апхуэдэт «Нюр» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Мусукаевэ Сакинат, а журналым и редколлегием хэт,  КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэны­гъэм и унафэщIым и къуэдзэ Шаваевэ Разият, Налшык и курыт еджапIэ     №9-м адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ и егъэ­джакIуэ­хэр, абыхэм я гъэсэн   ны­б­­жьыщIэ­хэр. Мирэ тепсэлъыхьащ адыгэ­бзэр фIыуэ езы­гъэлъэгъуа цIыху­хэм, анэдэлъхубзэм и къе­жьапIэр унагъуэр зэрыарам, нэ­гъуэщIхэми. «Анэдэлъхубзэр сабийхэм егъэджыныр адэ-анэм я хьэкъщ. Зи бзэм ирипсалъэ сабийр адрейхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ къулейщ», – жиIащ Мирэ.…

Дальше
Адыгэбзэ

Къалэнхэр инщ, зыгъэзэщIэнухэри махэкъым

Фигу къэдгъэкIыжынщ: Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Зэхуэсым къищтэ унафэхэр зы­гъэзащIэ гупыр пIалъэ пыу­хы­­кIам тету зэIуощIэ, ялэ­жьам­рэ къапэщытымрэ тепсэлъыхьын, ящIапхъэр ягъэбелджылын папщIэ. гъэзэ­щIакIуэ гупым хэтщ ДАХ-м къызэщIиубыдэ Адыгэ Хасэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэны­гъэхэмрэ я лIыкIуэхэр. Псори зэхэту ахэр мы зэм цIыху  31-рэ мэхъу. ЗэIущIэр къызэIузыхари езыгъэкIуэкIари ДАХ-м и президент Сэхъурокъуэ Хьэутийщ. Абы хьэщIэхэм яригъэ­цIы­хуащ мы зэIущIэм ирихьэ­лIа къэрал къулыкъущIэхэр: КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм республикэ кIуэцI политикэмкIэ и департаментым и унафэщI Махуэ Валерэ,КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жаным Руслан, Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэ­дзэ Къуэ­дзо­­къуэ Мухьэмэд, егъэ­­джэ­ны­гъэмрэ щIэ­ны­­­гъэм­кIэ министрСемэн Пщы­къан, цIыху­бэ хъыбарегъащIэ Iуэху­­щIапIэхэмкIэ, жы­ла­гъуэ, дин зэгухьэныгъэ­хэм­кIэ министрым…

Дальше
Адыгэбзэ

Бзэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэщ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ иджыблагъэ екIуэкIащ нобэ адыгэбзэм и Iуэху зы1утым, адэк1э абы и зыужьыIкэ хъунум теухуа зэ1ущ1э. Абы хэтащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, абы и къуэдзэ, КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур, ДАХ-м и Исполкомым хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э и министр Семэн Пщыкъан, Бизнесымк1э Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и ректор Хъурей Феликс, «Эльбрус» тхылъ тедзап1эм и унафэщI Ацкъан Руслан, «Хэку» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Нэк1ацэ Владимир, … Бейтыгъуэн Мусер, Бзэхэр зэрадж щ1эныпхъэ институтым и лэжьак1уэ Хьэц1ык1у Раисэ сымэ.…

Дальше
Адыгэбзэ

Сирием щыпсэу адыгэхэм я закъуэкъым!

Сирием щыпсэу адыгэхэм хэкIыпIэ закъуэу яIэр я хэкужьу я адэжь щIы­налъэм къагъэзэжынырщ. Урысей Федерацэмрэ Тырку Республикэмрэ дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм зыгуэру щыхэ­лIыфIыхь дэтхэнэри еувэ­лIапхъэщ адыгэхэм я хэкужь ягъэзэжыну хуитыныгъэ зэ­раIэм, зы фIэгъэнапIи щхьэусыгъуи емыпхауэ. Тыркум щыIэ Кавказ хасэхэм я федерацэм мыбы теухуауэ зыбжанэрэ зыхуигъэзащ Урысей Федерацэм, тхыдэми къэралышхуэу зэрыщытми пщэрылъ къыщащI цIыхугъэ къалэнхэр езым и къэрал хабзэ нэхъыщхьэм тету, пэрыуэгъурэ фIэ­гъэ­напIэрэ къимылъыхъуэу игъэзэщIэну, Сирием, нэ­гъуэщI щIыпIэхэми щыпсэу адыгэ псоми я хэку ягъэзэжыныр ящигъэпсынщIэну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъу­щи, гузэвэ­гъуэр нахуэу ­илъагъу, ар зэ­тригъэу­вы­Iэфыну гуащIэрэ Iэмалрэ иIэ пэт, иджыри адыгэхэм я гуIэ макъ зэхихыр­къым.…

Дальше