Ди лъэпкъэгъухэр дэни щызэкъуегъэувэ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм игъэлъэпIащ Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм мы гъэм етхуанэу гъатхэпэм и 14-м иригъэкIуэкIа «Адыгэ Iуэрытх-2023» Iуэху дахэм къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщI IэнатIэхэм щылажьэхэр. Ар хуэгъэпсащ ди лъэпкъыбзэр хъумэным, абы и пщIэр къэIэтыным, зегъэужьыным, нэхъри егъэфIэкIуэным. Анэдэлъхубзэм и пщэдейм игъэгузавэ цIыху куэд хэтащ мы Iуэхум. — Ныбжьэгъу лъапIэхэ, ди нэхъыжьыфIхэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Зэхыхьэ гуапэм зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэми къыдгуроIуэ лъэпкъым зиужьын, ди пщэдейр дахэу щы-тын папщIэ нэхъыщхьэр ди бзэр, хабзэр, нэмысыр тхъумэжыныр зэрыарар, — жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — ЗэрытщIэщи,…
Дальше