Адэжь хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу
Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щопсэу зэман зэщымыщхэмкIэ къэкIуэжа адыгэхэр Тыркум, Сирием, Югославием, Израилым, Германием, Америкэм къикIыу. Хабзэ зэрыхъуам тету, шыщхьэуIум и 1-м Адэжь хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр игъэлъэпIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Мы гъэм екIуэкI узыфэм и зэранкIэ, адрей илъэсхэм хуэдэу ди къуэш псори зэхуамышэсыфами, ДАХ-м и IуэхущIапIэм къекIуэлIат къэзыгъэзэжахэм ящыщ нэхъ жыджэрхэр. Ахэр хуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий икIи щыIэ гугъуехьхэм, хэкурыс хъужахэр зыгъэгушхуэхэм тепсэлъыхьащ. Сэхъурокъуэм жиIащ нобэкIэ къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху мини 3-м щIигъу, Адыгэ Республикэм цIыху мини 2 къызэритIысхьэжар, абыхэм псэун Iуэху зэрызэрахуэр, зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр,…
Дальше