ГЪАТХЭПЭМ И 14-р АДЫГЭ ТХЫБЗЭМ И МАХУЭЩ
Ди хэкуэгъу лъапIэхэ! Гурэ псэкIэ дынывохъуэхъу нобэрей махуэ дахэмкIэ! ИрефIакIуэ анэдэлъхубзэр, абы и къабзагъэр, и зэфIэкIыр! Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, гъатхэпэм и 14-р ягъэлъапIэ адыгэу дунейм тетым. Махуэшхуэр зытеухуар 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м Тифлис къалэм япэрей «Адыгэ хьэрыфылъэ» тхылъ къызэрыщыдэкlарщ. Ар зи lэдакъэщlэкlыр Бырсей Умарт, хьэрып тхыбзэмкlэ зэхэгъэуват. Адыгэ тхыбзэм тхыдэшхуэ иIэщ. Тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэхэм зэман жыжьэхэм, Синд (ди эрэм ипэ V лIэщIыгъуэ) къэралыгъуэм и лъэхъэнэхэм, зэрагъэпэщыжауэ, хэкурысхэм къагъэсэбэпу тхыбзэ яIащ. Абы щыхьэт техъуэ сын, хьэпшып, ятIагъуэм къыхэщIыкIа пхъэбгъу гъэщIэгъуэнхэр ди зэманым къэсащ.…
Дальше