Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым и Резолюцэ
2018 гъэм фокIадэм и 19-м Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессыр. Абы кърихьэлIащ Урысей Федерацэм (Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Осетие Ищхъэрэ – Алание Республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм) я адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, апхуэдэуи хамэ къэралхэм щылажьэ шэрджэс зэгухьэныгъэхэм: Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилымрэ Европэ Союзымрэ къикIахэр. Дэ, ДАХ-м и ХII Конгрессым хэтхэм, жыдоIэ шэрджэс псоми я Iуэху дэгъэкIыным телажьэ, правительствэм и нэIэ щIэмыт дунейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэу щыт Дунейпсо Адыгэ Хасэм и мыхьэнэр нэхъ кIащхъэ зэрымыхъуар. Адэжь щIыналъэмрэ хамэ къэралхэмрэ щыпсэу адыгэхэр зэзыпх, правительствэм и нэIэм…
Дальше