Щыгъуэ-щIэж махуэр зэрекIуэкIынум теухуауэ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий дыгъуасэ ДАХ-м и IуэхущIапIэм зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 152-рэ зэрырикъум ехьэлIа дауэдапщэхэр Налшык щегъэкIуэкIыным, дяпэкIэ лъэпкъым къыпэщылъ махуэ хэхахэр къызэрызэгъэпэщыпхъэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, КъБР-м экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пэщIэтынымкIэ и министр Къуэшрокъуэ Залым, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, щIалэгъуалэр. Зэхуэсыр къыщызэIуихым, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ Щыгъуэ-щIэж махуэм, гъэ къэси хуэдэу, шууейхэри, лъэсрыкIуэхэри…
Дальше