Бзэр лъэпкъым и дамэщ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм къыхилъхьауэ щыта жэрдэмым ипкъ иткIэ гъатхэпэм и 14-р лъэпкъ махуэгъэпсым Адыгэ тхыбзэм и махуэу щагъэнэхуащ, абы лъандэрэ зэрыадыгэ дунейуэ ар ягъэмэхуэщI икIи Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ зэдаIэт. Бзэр лъэпкъым и дамэщ. Аращ абы и лъэпкъыщхьэр адрей жылэхэм яхэмызэрыхьу къыхэзыгъэщыр, и щхьэхуэныгъэхэр зэпэзыгъэлыдыр. Бзэм лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэшхуэр къызэщIегъэуIуэ, лъэхъэнэ кIыхьхэм къыпхиха щIэныгъэр ехъумэ. Нэхъ мащIэкъым жьабзэр зэрылъ тхыбзэм и мыхьэнэри. Абы и фIыгъэкIэ хъума мэхъу лъэпкъ щIэныгъэр, абы и зыужьыпIэм и Iэмалхэри нэхъ къонахуэ. Илъэси 163-кIэ узэIэбэкIыжмэ дунейм къытехьа, «Адыгэбзэм и букварь» фIэщыгъэр адыгэ узэщIакIуэ Берсей Умар…
Дальше