Нэпсо Зэчырей дохъуэхъу
ПщIэ зыхуэтщI Нэпсо Зэчырей! Ди хэкуэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэми сэри къыдбгъэдэкIыу гуапэу дынохъуэхъу Кфар-Камэ къуажэм, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу фызэрыхахыжам папщIэ! Дэ дыщыгъуазэщ уэ узэрылэжьа зэманым къриубыдэу IуэхуфI куэд зэфIэгъэкIа зэрыхъуам. Ар зи фIыщIэр, шэч хэмылъу, уэращ. Дэ, хэкурысхэр, дрогуфIэ икIи дрогушхуэ Кфар-Камэ къуажэр Израилым ит жылагъуэхэм псоми дахагъэкIи къабзагъэкIи зэрефIэкIым, фи къуажэм дэс адыгэхэм адыгэбзэр, хабзэр, тхыдэр фIыуэ зэращIэм. Ди гуапэщ, адыгэбзэм нэмыщI нэгъуэщI бзэ куэдхэри фщIэуэ, фызыхэс къэралым фыхэзагъэу фызэрыпсэур. Дропагэ фи гъунэгъу лъэпкъхэм пщIэ къыфхуащIу, адыгэ хабзэр яфIэхабзэфIу, къазэрыфхудэплъеиным хущIэкъуу зэрыщытым.…
Дальше