Лъэпощхьэпо щы1энукъым
Бэрбэч Хьэт1ут1э и ц1эр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дыгъуасэ щек1уэк1ащ еджап1э нэхъыщхьэм и унафэщ1хэмрэ Тырку Республикэм къик1ауэ ди щ1ып1эм щ1эныгъэрэ 1эщ1агъэрэ щызэзыгъэгъуэт щ1алэгъуалэмрэ я зэ1ущ1э. Ар теухуат Тыркумрэ Урысей Федерацэмрэ яку дэлъ зэпыщ1эныгъэхэм иужьрей лъэхъэнэм зэхъуэк1ыныгъэхэр зэригъуэтам. КъБКъУ-м и унафэщ1хэм а къэралым щыщ студентхэм гурагъэ1уащ ахэр адэк1и ди щ1ып1эм щеджэнум хуитыныгъэ зэра1эр ик1и а 1уэхум лъэпощхьэпо лъэпкъ къызэрыхэмык1ынур. Университетым щ1эныгъэ-къэхутэныгъэмрэ хамэ къэрал зэпыщ1эныгъэхэмк1э и проректор Савинцев Алексей студентхэм захуигъэзащ: «Фи дежк1э иджыпсту нэхъыщхьэр щ1эныгъэф1 зэвгъэгъуэтыныращи, дэ абык1э дэ1эпыкъуэгъу дыфхуэхъунущ. Фытемыхьэулеик1, нэхъ жыджэрыжу феджэ». Тырку Республикэм щыщ студентхэм жа1ащ къэралит1ым яку…
Дальше