Дэ нэгъуэщIым зыкъедгъэгъэсэбэп хъунукъым
Хамэ къэрал куэдым щыхэхэс адыгэхэр зэрыгъуэтыжыным, зэкъуэгъэувэным ехьэлIауэ къалэн куэд и пщэ къыдохуэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Иджыпсту ар зи ужь ит Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэщ Сирие Хьэрып Республикэм бэлыхь щыхэхуа ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуныр, лей къатемыгъэхьэныр, хэкум къыхуеIэхэр къэшэжыныр. Фэ зэрыфщIэщи, илъэсым щIигъуауэ политикэ зэпэщIэувэныгъэр щызэщIоплъэ СХьР-м. Правительствэм и дзэмрэ оппозицэ зэщIэузэдамрэ я зэныкъуэкъум хокIуадэ Урысейм и хэкуэгъуу Сирием щыпсэухэм ящыщ куэд, абыхэм яхэтщ адыгэхэри. А зэныкъуэкъур ди лъэпкъэгъухэм къажьэхэмыуэнырщ, цIыху куэд хэмыкIуадэу къегъэлынырщ иджыблагъэ ДАХ-м и президенту хаха Сэхъурокъуэ Хьэутий япэ Iуэхуу зэфIигъэкIын хуейуэ къылъыкъуэкIар. Абы и лъэныкъуэкIэ Хасащхьэм ищIэхэм тедгъэпсэлъыхьыну…
Дальше