Нэхъыбэжщ къапэщылъыр
Дыгъэгъазэм и 14-м Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ Тыркум, Иорданием, Израилым, Сирием, Ливаным, Абхъазым, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лIыкIуэхэр, министрхэр, Хасащхьэм хэтхэр, нэхъыжьыфIхэр. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ езым я фIэфIыныгъэкIэ адэжь хэкум къэкIуэжынухэм яхуэгъэпса къэрал программэр къызэрагъэсэбэпыфым, абы ди лъэпкъэгъухэм къарит Iэмалхэм. Апхуэдэуи зэпкърыхауэ и гугъу ящIащ къэбэрдей-шэрджэсыбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIауэ ялэжьхэмрэ япэ игъэщыпхъэхэмрэ. ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм иджыри зэ къапщытащ Сирием зауэ къызэрыщыхъейрэ хэкум къэзыгъэзэжа ди…
Дальше