ДЖЭПСАЛЪЭ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей ирита жэуап Дунейпсо адыгэ (шэрджэс) цIыхубэр Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей Кавказ зауэм и тхыдэр щызэблиш, адыгэ (шэрджэс) лъэпкъым IейкIэ щытепсэлъыхь Sputnik агенствэм ирита интервьюм щыжиIахэм къигъэуIэбжьащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым Ерхов Алексей и псалъэхэр щыуагъэ зыхэлъ, мамыр гъащIэр къэзыгъэутхъуэ, хабзэм къемызэгъ, лъэпкъ зэпэщIэтыныгъэр къэзыгъэхъейхэм ящыщу елъытэ. ЛIыкIуэм жиIахэр дэфтэркIэ щIэгъэбыдэжа тхыдэ щыхьэтхэм япэщIоувэ, Кавказ зауэм епха лъэпощхьэпохэр зыджа урыс тхыдэтххэми хамэ къэралхэм щыщ щIэныгъэлIхэми я къэхутэныгъэхэм техуэкъым. Ди лъэпкъым дежкIэ Iэмал …
Дальше