Адыгэхэм я махуэр республикэм и къалэхэм, къуажэхэм щагъэлъэпIащ
Адыгэхэм я махуэр республикэм и къалэхэм, къуажэхэм, районхэм щIэщыгъуэу, гукъинэжу щагъэлъэпIащ. Махуэшхуэм хухаха пшыхь нэхъыщхьэр Налшык къалэм и Музыкэ театрым фокIадэм и 19-м къыщызэрагъэпэщащ. Ар ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ, телевиденэм и лэжьакIуэхэу Сердюков Станиславрэ Аттаев Азноррэ. Концертым ирагъэблэгъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XII Конгрессым хэтахэр, гъунэгъу щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр, ди зэкъуэтыныгъэр, зэкъуэшыныгъэр нэхъри ягъэбыдэн мурадкIэ хэкум къекIуэлIэжахэр. Музыкэ театрым утыку къыщрахьащ адыгэхэм къыддекIуэкI Iэмэпсымэхэр, лъэпкъ фащэхэр, Iэщэхэр, художник цIэрыIуэхэм нарт лIыхъужьхэм я сурэтхэр къыщагъэлъэгъуа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Концертым и пэ къихуэу, Лъэпкъ музейм и унафэщI,…
Дальше