ДАХ-м и лIыкIуэхэр Тыркум щыIащ
Iуащхьэрэ Iуащхьэрэ зэхуэзэркъым, цIыхурэ цIыхурэ зэхуозэ, зэхуэзэр зэрощIэ, зэрыщIэр зэдощI, зэдэщI гуащIафIэщ. Къэрал зыбжанэм 1уэху щызэф1агъэк1ыну ежьа гупыр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я ц1ыхубэ тхак1уэ, АР-м и Тхак1уэхэм я зэгухьэныгъэм и 1этащхьэ Мэшбащ1э Исхьэкъ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд сымэ япэу здэк1уар адыгэ нэхъыбэ щыпсэу Тырку къэралыгъуэращ. Гупыр япэу КАФФЕД-м и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Къылыш (Джатэ) Метин и унагъуэм ихьащ (Бурсэ къалэ), абы и щхьэгъусэ – абхъаз бзылъхугъэ – Ферданерэ и къуэ Нартанрэ щ1эпхъаджащ1эхэм зэра1эщ1эк1уэдам щхьэк1э хуэгузэвэну. Хьэщ1эхэм я гъусащ КАФФЕД-м…
Дальше