Адыгэм и щхьэр лъагэу щIилъагъужхэмрэ и зэфIэкI къимыхьхэмрэ
Фырэ Руслан, Сэхъурокъуэ Хьэутий, Жаным Руслан ДАХ-м и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэр Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и къэрал къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, хамэ къэралхэм, гъунэгъу хэгъуэгухэм щыщ ди лъэпкъэгъухэр. Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэза нэужь, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий кърихьэлIахэр зэригъэцIыхуащ. АдэкIэ Хасащхьэм хэтхэр щызэхуэмыза пIалъэм къриубыдэу къэхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр, IуэхуфIхэр зыхуэдэм ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр щигъэгъуэзащ. Тырку Республикэм щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм (КАФФЕД) и тхьэмадэу щыта Шыгъэлыгъуэ Уэджит и пIэкIэ Хьэгъундокъуэ Яшар хахати, Iуэхум хуэIэижь хъуну ехъуэхъуахэщ. Хасащхьэм нэхъыжьыфIу хэт,…
Дальше